Сочинение си бзэ си адыгэбзэ

Подобный материал:

  • , 1367.58kb.
  • , 315.61kb.
  • , 89.79kb.
  • , 337.99kb.
  • , 3159.59kb.
  • , 123.87kb.
  • , 863.74kb.
  • , 194.2kb.
  • , 630.49kb.
  • , 113.09kb.

Сочинение си бзэ си адыгэбзэ 1 Сочинение си бзэ си адыгэбзэ 2

В главном – единство, в спорном – свобода, во всем – любовь.

Св. Блаженный Августин

Газета МОУ СШ №2 г. Тырныауза КБР, №4 (16).

21 февраля – Международный день родного языка!

Читайте в номере:

  • О родном языке…
  • Бурунладан бери кесини адети, къылыгъы, адамлыкъ илишанлары бла битеу дуниягъа атын аитдыргъан халкъыбызны юсюнден белгили алимлени сезлери
  • Адыгэбзэ-адыгэпсэ

Читайте в номере  1 Читайте в номере  2

В тебе тепло есть материнской груди, И запах трав родных тебе полей,, Вся свежесть рощ в твоих словах пребудет,, Как молоко балкарских матерей.

В день горя ты, как посох, нам хорош,

В день радости ты, как зурна, поешь., Родной язык, ты юности язык!, Родной язык, ты верности язык!, Кайсын Кулиев

согласно требованиям обычая, своего гостя он не позволит оскорбить… особа гостя – неприкосновенна…

Евгении Баранов.

«Тилсиз миллет жокъ болур».

«Тил – кесген бичакъ, сез – атылгъан окъ».

«Атала сезю – акъыллы кезю».

Чам хапар

Ана тилден дерс

Эски жыл бошала тургъан кюнлени биринде устазыбыз жангы жылны юсюнден эркин темагъа сочинение жазаргъа буюрады. «Нении не да кимни юсюнден жазайым?» — деп, сагъышха къалама. Кёпмю, азмы турдум ол халда, билмейме, бир заманда тёгерегиме къарасам, нёгерлерим, кими желкесин къашый, кими сагъышха къалып, кими да аяусуз жаза тура эдиле. Мен да алдым къаламымы къолума, алай, былай деп, башыма абери келмеди. «Не амал этсин адам?» — деп, тёгерегиме армаулу къарадым. Класс нёгерлерим бир бирлеринден аяусуз «урлай» тургъанларын эследим. «Аха!» дедим да, къатымда олтургъан Чурайды да, ол жазгъанны кесими къагъытыма тюшюрюп тебредим. «Ыхы, энди кёргюзтейим фахмум болгъанын бла болмагъанын сизге» дегенни айтып, аяусуз кёчюре тургъанымлай, устазыбыз сирелип тохтамаймыды къатымда.

  • Чурайдан сыдыра тураса да, — деди ол, къулагъыма шыбырдап.
  • Угъай, угъай.

Былай иги суратлар ючюн тап сёзле излейме ансы, — дерге кюрешдим, алай мени «угъайымы» ол къулагъына алмады.

  • Чурай жазыу ишде къарыусузду. Андан эссе биринчи партагъа олтур да, Камашдан жазып ал.

Мен Камашны къатына олтурдум.

  • Сёзю – сёзю бла алып барма да, магъанасын ангылап, кеси сезлеринг бла жаз, — деп шыбырдады биягъы устаз.

Мен Камаш жазгъанны къагъытыма, къошмай, къоратмай, тюшюрдюм.

Бир кесекден устаз жазгъаныма кёз жетдирди да, былай шыбырдады:

  • Аперим! Аман тюйюлдю. Энди кесинге партанга къайтда, Чурай сенден жазып алсын.
  • Чурай, сюе эсенг, менден жазып ал, — дедим, къагъытымы анны аллына сала.

— Сюймей а, — деди да, Чурай мени жазгъанымы кесини къагъытына тюшюрюрге ашыкъды. Аны къатында олтургъан Чаммак да бойнун Чурай таба терк-терк соза башлады. Анны къошусу — Чаммакдан, анны къатындагъы да – къоншусундан, алай эте, битеу класс, бир бирден алып, сочиненияны терк окъуна жазып бошады. Сора жашла, бире-бирем, экеу – экеу болуп, жазгъанларын устазны аллына салдыла. Алада уа былай жазылып эди:

«Дорогой бизни учителибиз Адей Менович. Сизни жангы год бла поздравлять этебиз. Ётхен года сиз бизге бийик оценкала салып болгъансыз. Энди года да так держать! Аны ючюн здоровьягъыз уллу болсун, хайыт болсун. Сизни уважать этхен классыгъыз».

Адыгэбзэ-адыгэпсэ

«Зи бзэр бзэ мыхъуну жылэ закъуи бгъуэтынукъым,

фIэIуэхуу, хуэIэзэу игъэлажьэмэ».

ЩоджэнцIыкIу Алий.

Анэдэлъхубзэ! Узыгъэгушхуэ псалъэхэр зэрызыхэпщIэр, узыщыщ лъэпкъри, абы и хабзэ дахэри, уи щIыналъэм хуиIэ пыщIэныгъэри къозыгъащIэр анэдэлъхубзэрщ. Бзэращ ди лъэпкъыр дызэрыгушхуэ хъугъуэфIыгъуэхэр, IэпщIэлъапщIагъэр, хабзэ дахэр ди деж къэзыхьэсар. Абы и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуазэщ ди адэжьхэм къадэгъуэгурыкIуа уэрэд, хъыбар, псысэ, таурыхъ хьэлэмэтыщэхэм, тхыдэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ инхэм. Ар уасэ зимыIэ къалэну ди бзэм хузэфIэкIащ.

Лъэпкъым и къэкIуэнур къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ абы и бзэм. Ар лъэпкъыр зэзыпх «кIапсэ» лъэщщ, зы лъэпкъыр адрейм къыщхьэщызыгъэкIфащэщ. НэгъуэщIыбзэ зэбгъащIэу уи анэдэлъхубзэр хыфIэбдзэжыныр, абы гулъытэ хуумыщIыныр къуаншагъэшхуэщ.

Уадыгэкъэ уэ? упщIэм жэуап щепткIэ «сыадыгэщ» жыпIэныр мащIэщ: абы къиубыд псори бгъэзэщIэфын хуейщ. Адыгагъэ, нэмыс, пщIэ жыхуаIэхэр адыгэу зызыбжыж дэтхэнэми хэлъыпхъэщ. А псом я щхьэращи адыгэбзэр шэрыуэу Iурылъын хуейщ лъэпкъым и цIыхуу зызылъытэж дэтхэнэми.

Бзэр анэ быдзышэм щIыгъуу уи псэм хохьэ, къыбдохъу. Аращ адыгэхэм абы зыхуэбгъадэ мыхъун псалъэ IэфIыщэкIэ – анэдэлъхубзэкIэ щIеджэхэр.

КIэмыргуей Тосэ.

АДЫГЭБЗЭ – АДЫГЭПСЭ .

Си бзэ дахэу адыгэбзэ,

Си бзэ щабэу адыгэбзэ,

Узигъусэщ жэщи махуи,

Гущ IагъщIагъщIэлъу сянэм и бзэ.

Адыгэбзэ, уэ си гъащIэм

Хьэл — щэныфIхэр къыхэплъхьащ

Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи

Уэ си гъащIэм ухэлъынщ.

Адыгэбзэм нэхъ сфIэдахэ

Зы бзэ закъуи зэхэсхакъым.

Адыгэбзэм хабзэ дахэр

СимыгъащIэу хуэшэчакъым

Адыгэбзэ, сэ уи дыгъэр

Махуэ къэскIэ кысхуоупсэ,

Адыгэбзэм и дахагъэм

Къысхелъхьэжыр адыгэпсэ.

АДЫГЭ ХАБЗЭ

КъысхуэкIуэм сфIэфIщ сэ хьэщIэ махуэ.

«Къеблагъэ!»-жысIэу, сыIущIэнщ,

Ирегъэмахуэ е щIымахуэ,

Ар зэрыслъэкIкIэ згъэхьэщIэнщ.

ДиIащ адыгэм хабзэ дахэ:

Ди унэм щхьэхуэу хэтт хьэщIэщ,

Ар хэту щытми,къепсыхахэм

Бысымыр гуапэ ухуейт IущIэн.

ХьэщIэщым и бжэр зэIухати,

КъэкIуам хуэщIапхъэр зэфIагъэкIт.

Шы зытесари Iэпахати,

Ар фIыуэ шхауэ нэху кърагъэкIт.

Сыт IуэхукIэ хьэщIэр къэмыкIуами,

Езым жи IэхукIэ, емыупщIт.

Ар махуэ дапщэ щымыIами,

Къатехьэлъауэ замыщIт IупщI.

И Iуэху зэфIэкIыу шэсыжамэ,

«Гъуэгу махуэ!» — жаIэу дагъэкIыжт.

ЯфIэфIт узыншэу нэсыжамэ,

Ар ягу иужькIи къагъэкIыжт…

Нэхъыжьхэм хабзэу къагъэнахэм

Дытетмэ-щыуэ дымыщIэн.

КърекIуэ жэщу, хуеймэ-махуэу:

СфIэфIщ хьэщIэм гуапэу сыIущIэн.

Къагъырмэс Борис

ГушыIэ.

  1. Адрей псори.

Инал и къуэш цIыкIум йоупщI:

  • Адыгэ алфавитыр пщIэрэ?
  • СощIэ
  • Сыт хуэдэ хьэрф-тIэ «А»-м къыкIэлъыкIуэр?
  • Адрей псори.
  1. Нэхъыбэ схужыIэнукъым.

ЕгъэджакIуэм: «Къэмботрэ Лацэрэ» поэмэм техуауэ сыт жыпIэфын, Аслъэн?

  • Уэлъэхьи, ЩоджэнцIыкIу Алий жиIам нэхърэ нэхъыбэ схужымыIэну!.
  1. Си гугъу къыумыщIмэ.

ЕгъэджакIуэм: — Къеджэт уэ, Азэмэт Ньютон Иисак и япэ законыр!

Азэмэт: — НэгъуэщI къыжьэхэмыумэ, пкъыгъуэр и пIэм итщ, зимыгъэхъейуэ.

ЕгъэджакIуэм: — Щапхъэ къэхьыт.

Азэмэт: Щапхъи? Сэ зыр сыщапхъэкъэ: си гугъу къыумыщI закъуэмэ, сисынущ игъащэкIэ мы доскам сыкъыдэмыкIыу.

  1. ЦIыхухэм ядоIэпыкъу.

ЕгъэджакIуэм: — Бзухэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къахьрэ?

ЕджакIуэм: — Ахэр цIыхухэм ядоIэпыкъу хьэпIацIэхэр яшхкIэрэ.

  1. Тхы щIалэ.

ЕгъэджакIуэм Хьэжмурат доскам дишащ.

  • Тхыт, Хьэжмурат: «Си тхылъыр столIым телъщ». Подлежащэр къэгъуэт иджы.
  • Куэдрэ улъыхъуэн хуей абы, си стIолым телъщ подлежащэр,-жиIащ Хьэжмурат.

Гупсысэр жейри, псалъэр утыку ихьащ.

(Школ сочиненэхэм къыхахауэ).

  1. Хъуэжэ псым зэпрыкIыжащ, и кIапэр икъузри ежьэжащ.
  2. Сэтэней укIытауэ и напэр сырт, Iугъуэ мащIи къыхимыхуу.
  3. ЩIалэр джыдэм къищтэри мэз кIуащ.
  4. Сэ сыхуейщ сыхъуну егъэджакуэ, дохутыр, пщафIэ, ухуакIуэ, президент. Жьы сыхъумэ, ефэнды сыхъуну сыхуейщ.
  5. ДауикI абыхэм я щхьэкIэр быдэу щIым хэтт.
  6. Зы къуажэ гуэрым ефэндышхуэ дэст хъуэжэкIэ еджэу.
  7. Сэ си анэр фIыуэ солъагъу, анэшым сыздишэмэ.
  8. Пшагъуэ телъым дыгъужь къеIэнкIэ хъунущ.
  9. Дадэ чы матэкIэ набжэ куэд ищIаэщ.
  10. Фызыжьыр и гъащIэм зыми емыIусэу псэурт.
  11. Хъарбызым и щхьэр щыпиупщIым къилъэгъуащ и кIуэцIыр плъыжьу.

_____________________________________________________________________________________

Редколлегия: Кайтукова Ж., Абдулаева А., Байдаева С., Макитова А., Байзулаева С., Байзулаева Т., Геккиева З., Байсултанова Ф., Догучаева Р.

Руководитель Хаджиева Х. З.