На кабардинском языке сэ ф1ыуэ слъагъу нарт л1ыхъужь

Сочинение на тему «Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо» , Сыадыг ык1и ащ сырэгушхо.

Адыгагъэр сыбгъэ къытео.

Сыбзэ амыгъэлъап1эмэ сыгу къео.

Ц1ыф зэфэшъхьафхэу миныбэ дунаим щэпсэу. Зы лъэпкъыр нахьыжъ, адрэр нахьык1, анахь лъэпкъыжъыхэм адыгэхэр ащыщых. Шэпхъэ зек1уак1эу ахэлъым ыц1эк1э адыгэмэ анэмык1 еджэхэу щы1эп. Адыгагъ зып1ок1э ар зэпхыгъэр зые лъэпкъыр зэрэадыгэр къеушыхьаты.

Сыадыг – сэ сыадыг. Сыбгъэ зэгохыгъэу «сыадыг» с1озэ, дунаир къэск1ухьан слъэк1ыщт. Ар сэзгъа1орэр сятэжъхэм къыса1уагъэр, сянэрэ, сятэрэ къысатыгъэр, къысхальхьагъэр ары.

«Сыадыг» зып1ок1э сыда къик1ырэр?

«Сыадыг» а гущы1эр гущы1э ин, гущы1э лъэш. Ащ къик1ырэр: сыпц1ыусэп, сытыгъуак1оп, сыхъунк1ак1оп, слъы къабзэ, силъэпкъ дахэ; гъэсагъэ, бзэ къабзэ 1улъ бэ къырып1онэу.

Тыдэ ук1уагъэми адыгэхэр джащ фэдэн фае, лъэпкъым ишэн дахэхэм ар язехьэк1он фае. Ар сэ згъэк1одымэ, зэхэсымыш1эмэ идэхагъэ, и1эш1угъэ сыда сызэрэбылымыр? Джащ сэ сегупшысэ. Сыкъызхэк1ыгъэхэм ац1и, сэ сц1и, силъэпкъ, сихэгъэгу идэхагъи, ибаигъи къэсыухъумэн фае.

Бзэ щымы1эу лъэпкъ щы1эщтэп ар нафэ. Лъэпкъыр лъызгъэк1уатэрэри, зыгъэбайри, зыгъэдахэрэри бзэр ары. Бзэр щымы1эу ц1эр щы1эп.

Бзэр щы1эныгъэм ылъапс, лъэпкъым лъапсэ регъэдзы, лъэпкъыр лъегъэк1уатэ. Л1эш1эгъу пэпчъ лъэпкъым зэхъок1ыныгъэхэр фэхъух. Непэ тымгъэфедэхэ нахь мыш1эми, шэн-хабзэ дахэу, гъэш1эгъонэу бэ тилъэпкък1э ти1эр. Гук1эгъуныгъэшхо къахилъхьэу, тилъэпкък1э тхэлъыгъэмэ зык1э ащыщ зэде1эжьыр. Зы л1эш1эгъум къик1мэ адрэ л1эш1эгъум къыхахьэзэ мы зэде1эжьыр тэ тимафэхэм къанэсыжьыгъ. Адыгэхэм а хабзэм «Ш1ыхьаф» фаусыгъэу ижъык1э къырэк1о. Егъаш1эм тиадыгэ лъэпкъ зыгъэдахэу, зыгъэл1ап1эу, шэн-зек1ок1э дахэу анахь тызэрэгушхорэ шэнэу тхэлъыгъэмэ ащыщ жъым, бзылъфыгъэм шъхьэк1афэ афэш1ыгъэныр, ук1ытэр. Ащ фэдэ шэн зек1ок1э зэхэтык1эхэр тилъэпкъ хэлъ, ахэр ч1этынэжьыгъэхэп, лъым хэлъыр зыми ч1инэн ылъэк1ыщтэп тыдэ щы1эми. Ау гукъаоу щытыр, непэрэ мафэм а шэнхэм щык1агъэ афэхъу. Нахьыбэрэ зэхэтхэу хъугъэ «адыгэ ч1ыналъ», «адыгэ нэмыс» зыфэп1ощтхэри. А зэк1эри дэгъу, хэхъо лъэпкъым изэхэш1ык1.

Ащ уш1ок1ынышъ, ищы1эк1агъэм, илэжьэк1агъэм, ихъишъэ, ыбз, икультурэ нэмык1хэми защыдгъэгъозэным зыфэтэщэи. Дахэх тич1ыналъэ, тинэмыс, адыгэ шэн-зэхэтык1эхэр тиусэхэми тиорэдхэми зэрахэтхэр, зэрэдгъэлъап1эхэрэр. Дунаим щыпсэурэ адыгэхэр нахь зэлъык1охэ, нахь зэрэлъытэжьыхэ зэрэхъугъэхэр гуш1уагъо.

Лъэпкъ нахь ц1ык1ухэмэ абзэ, яшэн-хабзэхэр, ятхыдэ язэгъэш1эн нэмыплъ ратэу, дэдзых аш1эу зэмани къыхэк1ыгъагъ. 1994-рэ илъэсым щегъэжьагъэу адыгабзэр къэралыгъуабзэ тиреспубликэ щыхъугъэми, бзэр имыщык1агъэу бэмэ алъытэ. Адыгэ унэгъо к1оц1ым исхэр, адыгэк1э залъытэжьзэ урысыбзэк1э зэдэгущы1эжьых. «Адыгабзэм сыда ш1уагъэу къыпфихьыщтыр» зы1орэ ныхэр щы1эх. Къэлэдэсхэу зик1алэмэ яныдэльфыбзэ язымгъаш1эхэри къахэк1ых. Ар лъэшэу гукъао мэхъу. Ащ фэдэ ц1ыфэу зыбзи, зитарихъи, зикультури зымыш1эрэр ибэм фэдэ мэхъу, лъэпкъым щытхъу къыфихьырэп, лъэпкъыр егъэц1ык1у, егъэпыуты.

2 стр., 573 слов

По адыгейскому языку «Адыгэ Республикэр Урысыем щыщ»

... Тыжьынрэ, дышъэрэ къябэк1эу, пчанэр ищыгъэу зыплъэгъурэм ахэр зыфадыгъэ лъэпкъым ишъауи ипшъашъи ядэхагъэ унэгу къык1эуцо. Тишъуашэхэмрэ ти1ашэхэмрэ ... я1эу, зык1ыныгъэ ахэлъэу, ашъхьэ уасэ фаш1ыжьэу мэпсэух Сыадыг зы1орэр адыга зэк1э? Адыгэм къушъхъэхэр ыгу илъ, ... нахь дахэ горэ ахэолъагъо. Урысыем хэку ц1ык1у бэу зэтефыгъ, ахэмэ мэханэшхо я1, яш1уагъэ зэфэшьхьафи къэралыгъом къырагъэк1ы. Тэ ти Адыгэ ...

Непэрэ мафэм адыгэ шъуашэр кавказ лъэпкъхэм шъуашэу къаштагъ, Кавказым щымыщхэми зырагъэдэхагъ. Адыгэ цыем хъулъфыгъэр егъэдахэ, саеми бзылъфыгъэр нахь лъэгъупхъэ еш1ы. Джэгухэр пштэмэ, тэ адыгэхэм нахь къэшъо зэфэшъхьафыбэ, нахь дахэ зи1э сэ сиш1ош1ык1э щы1эп. Ау гухэк1ыр тиджэгухэм абхъаз, осетин къашъохэр нахьыбэу къебэк1ы зэрэхъугъэр.

Ижъырэ зэманым тянэжъ-тятэжъхэм ахэлъыгъэ шэн дахэу тызэрыгушхон, ш1ук1э тыгу къэдгъэк1ыжьын икъун ти1агъ, т1эк1эзыгъэри бэ дэд. Ау нахьыжъмэ яш1уш1агъэ, лъэпкъым ишэн дахэхэр икъоу къэтымыухъумэзэ к1эн лъап1эхэр ч1этэнэх. Тэ тымыгъэлъап1эрэр хэт тфиугъоижьын. Ет1ани ч1энагъэу тш1ырэмэ такъыфызэмыплъэк1ыжьыхэуи къыхэк1ы. Ук1эгъожьыгъэу къэбгъэзэжьыгъэми ахэр къэгъотыжьыгъош1у хъущтэп.

Арышъ, къас1омэ сш1оигъор шэн-хэбзэ зэхэтык1э дахэхэу лъэхъэнэ чыжьэмэ къарахызэ, лъэпкъым зы1эк1имгъэзэу къыднигъэсыжьыгъэхэр псы къиугъэ ш1оркъэу блэчъырэм т1эк1илъэсык1ыным ищынагъо тыхэт. Хэтк1и нафэ ч1эптэкъурэр угъоижьыгъуай.

Зык1и зыщыбгъэгъупшэ хъущтэп тыкъызтек1ыгъэхэр зэрагъэлъап1эщтыгъэхэр, зэхэлъхьэгъэ къэбарэу зэрэщымытыр. Ц1ыф зэхэтык1э дахэ зэря1агъэм, зыпкъ ит шэн-хабзэхэр, адыгагъэр, адыгэ нэмысыр зэрахэлъыгъэхэм апае ахэр агъэлъап1эщтыгъэх.

Адыгагъэ улэжьыныр къин, ау дахэ, ц1ыфыр лъэшэу егъэины, егъэлъап1э. Щы1ак1эр гохьы, хъопсагъо еш1ы.

Нарт хъыбархэр

Сосрыкъуэ и пшыналъэм и къедзыгъуитI

ХьэтIохъущокъуэ Къазий итхыжауэ

Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Нарт шухэр щышэсым,

Жэщибл-махуибл уаеми нызэрищIэкIщ,

Уэ езыхэри нызэупщIыжщ:

Уэ, Имыс, мафIэ уиIэ?

Уэ, Сосым, мафIэ уиIэ?

Жьынду ЖьакIэ, мафIэ уиIэ?

Арэкъшэу, мафIэ уиIэ?

Уэзырмэдж, мафIэ уиIэ?

Ашэм и къуэ Ашэмэз, мафIэ уиIэ?

Хъымыщ и къуэ Батырэз, мафIэ уиIэ?

Сыбылши, мафIэ уиIэ?

Албэч и къуэ Тотырэш, мафIэ уиIэ?

МафIэ зиIэ къахэкIакъым;

Анэм и къуитIри тхьэусыхащ:

Ар жаIэурэ здэщытым,

«Мыри ди дыщэ лъэужьщ,

МафIэ щхьа дызэтолIэ».

«Айхьай, сэ сиIэ»,-жиIэри,

МафIэ инуэ къахуищIащ;

Дзэ псори щызэдэкIуэм,

Мыдэ ди дыщэ лIэужь,

МафIэ уиIэм, къытхуэщI»,-жаIэри,

Мыр етIани къеулъэIу;

«Уащхъуэ къан, симыIэ,

И Тхъуэжьейм зридзри,

ХьэрэмэIуащхьэ докIуейри зеплъыхь:

Зы чэщанэ къуагуэжьым

Iугъуэ тIэкIу кърихууэ

Лъэс зищIри къекIуасэщ;

И щхьэмрэ и лъэмрэ зэгъэкъуащ,

МафIэр и кум илъыжщ;

Ар и шым къеупщIыжщ:

«Мырмэ си Тхъуэжьей ажэ,

И щхьэ-илъэ зэгъэкъуащ,

МафIэр и кум илъыжщ,

МафIэр сыткIи фIэтхын, жи».

Армэ, лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Сэ си шы лъэ макъым

Хьэ лъэ макъ зезгъэщIынщ;

Сэ си хьэ лъэ макъым

4 стр., 1560 слов

Сочинение си бзэ си адыгэбзэ

... АДЫГЭБЗЭ – АДЫГЭПСЭ . Си бзэ дахэу адыгэбзэ, Си бзэ щабэу адыгэбзэ, Узигъусэщ жэщи махуи, Гущ IагъщIагъщIэлъу сянэм и бзэ. Адыгэбзэ, уэ си гъащIэм Хьэл - щэныфIхэр къыхэплъхьащ Сыбгъэгушхуэу сытым щыгъуи Уэ си гъащIэм ухэлъынщ. Адыгэбзэм нэхъ сфIэдахэ Зы бзэ ... бошала тургъан кюнлени биринде устазыбыз жангы жылны юсюнден эркин темагъа сочинение жазаргъа буюрады. «Нении не да кимни юсюнден жазайым?» - ...

Джэду лъэ макъ зезгъэщIынщI;

  • Зы пхъэ дзакIи къэддыгъунщ».

Мыр чэщанэм къекIуалIэри,

Зы пхъэдзакIи къадыгъущ;

Зы пхъэдзакIи къакIэрыхущ,

Иным и куафэ трихьащ,

Уэ Инри къызэщыури,

И пхъэдзакIэхэр къибжыжри,

Зы пхъэдзакIи къыхуэтщ.

«Си адэм кърахьэкIащэрэ,

Къеубыдыж жэщибл-махуибл жар.

Сосрыкъуэ здэщыIэ къызжумыIэм».

И хъыбари зэхэсхащ,

И джэгукIэ сыгъащIэ».

«Айхьай, и джэгукIэ уэзгъэщIэн»,-

ЖиIэри, уэ Инри къришажьэщ,-

Къапщыкъай лъапэ къагъэувырти,

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижырт».

«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жи.

Нэхъ хуабжьыхэуэ дрихуеижщ,

Пхэ хьэмбытIи къригъауэщ;

Уэ Иныр къызэщыужри:

«Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэ пщIэми сыгъащIэ,

НатIэпэ ихъу-ибжь иреху»,- жи.

Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

«Нэхъ щIагъуи уэзгъэщIэнщ»,- жиIэри

Уэ Инри къришажьэщ,-

Шэ хужьуэ шэ щэщIхэр

Жьэдэз хъуху жьэдадзэрт,

«Сэри агуэ сэгъэщI»,- жиIэри

Уэ Иныжьыр къэтIысщ;

И жьэ къригъэущIри,

Шэ хужьуэ шэ шэщIхэр

Жьэдэз хъуху жьэдидзэщ.

Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Iу кIуэцI ихъу-ибжь иреху,

Нэхъ щIагъуэ пщIэми сэгъащIэ».

Сосрыкъуэ Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

Вабдзэ, фIэбз къигъэплъырти,

Жьэдадзэрти, и ныбэ щигъэупщIыIурти,

И щIыбкIэ къызжьэдидзыжырт».

Вабдзэ, фIэбз къигъэплъри,

Уэ Иныжьым и жьэм жьэдидзащ;

И ныбэм щигъэупщIыIури,

И щIыбкIэ къызжьэдидзыжщ,

Мыри джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуи сыгъащIэ».

Сосрыкъуи Тхьэм иукIщ,

Иным и укIыкIэ хуэмыщIэ.

Зы джэгукIи къэнащ.

Хы къуэпсибл зэпрашырти,

А нэхъ куум хагъэувэрт,

И лъэр щIым нэмысуэ,

И жьэм псы жьэдэмыуэуэ

Уэ Иныжьри хигъащтхьэщ.

Уэ Иныжьыр къыздеIэм,

И мылхэр къигъачэщ,

Нэхъ быдэуэ хигъэщтхьащ.

Уэ Иныжьым: «СеIэ щхьа,

Мыр и джатэ кърипхъуэтри,

«Ыф»,- жиIэри, къыщепщэм,

Уэ и джатэ кърихри,

Щхьэ фIихынуэ щыхуекIуэм:

«Сэри сымы-Иныжь делэтэм,

Уи лъэкIампIэкIэ усцIыхупхъэт».

Иным и щхьэ къыфIихри,

МафIэри къихьри къэкIуэжщ.

Хэт щIыIэм игъэлIащ,

Хэт хуабэм игъэлIащ,

Яку дэлъуэ къэна тIэкIу

МафIэр инуэ яхуищIщ,

ИтIанэ хъунщIэри куэдуэ къаригъэщIри,

Уэ я дежи къишэжащ Сосрыкъуэ.

Сосрыкъуэрэ Иныжьымрэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Армэ Сосрыкъуапцlэ,

Армэ лlы фlыцlэ гъущlынэ,

Мыдэ емынэ шу!

Нарт шуудзэр щышэсым

Сосрыкъуэ емыджэ.

Уае бзаджэ къатохъуэри

Гъуэгущхьиблым къытонэ.

  • Уий, Имыс, мафlэ уиlэ?
  • Уий, Сосым, мафlэ уиlэ?
  • Жьынду Жьакlэ, мафlэ уиlэ?
  • Арыкъшу, мафlэ уиlэ?
  • Уэзырмэс, мафlэ уиlэ?
  • Ашэм и къуэ Ашэмэз,

Мафlэ уиlэ?

  • Хъымыщ и къуэ Батэрэз,

Мафlэ уиlэ?

  • Албэч и къуэ Тотрэш,

Мафlэ уиlэ?

…МафIэ зиIэ нарт шухэм,

Уий жыIэт, къахэкIкъым.

Абы хэту Сосрыкъуэ

Нарт шу гупым хошасэ.

8 стр., 3837 слов

Характеристика и образ дуни в повести станционный смотритель пушкина

... народе, сын глядит в дом, а дочь глядит вон. Характеристика Дуни из повести «Станционный смотритель» Дуня была единственной дочерью станционного смотрителя Самсона Вырина. Рассказчик описывает, что девушка была очень красивой. Прощаясь ... она так и не смогла попросить у него прощения. Поступок и судьба Дуни («Станционный смотритель») В этой связи я хочу напомнить мудрые, но до сих пор не ...

  • Армэ ди дыщэ лIэужь,

МафIэ щхьэ дызэтолIэ!

Нартхэ мафIэ къахуещI,

Жьыбгъэм мафIэр хепхъэж.

МафIэ щхьэкIэ догъалIэ!

Хьэрэмэ Iуащхьэ дэжеймэ,

Зы чэщанэ къелъагъу:

Iугъуэ мащIэ къреху.

  • Армэ ди Тхъуэжьеижь,

Мыр иныжьым и унэщ,

И щхьэ – и лъэ зэтащ,

МафIэр и кум илъыжщ,

МафIэр сыткIэ фIэтхьын?

Армэ лIы фIыцIэ гъущIынэ,

Хьэ лъэ макъ зысщIынкъэ,

Джэду хуэдэ секIуэнкъэ:

Зы пхъэдзакIэ къэпхъуатэ!

Зы пхъэдзакIэ къипхъуатэщ,

Зы теуэгъуэ къикIуауэ

МафIэ дэпи пылъэтщ,

МафIэ дэпыр иныжьым

И пхъэдзакIэр ибжыжмэ,

Зы пхъэдзакIэ къыхуэтщ.

  • Си адэм ураухьэкIи!

Хэт и бзаджэ си дыгъу?

Зы шу цIыкIуи Iэрыхьэщ.

  • УитI, нартхэ я щауэ,

И хэщIапIи сымыщIэ!

И джэгукIэу зы сощIэ

Iуащхьэ лъапэм тоувэ,

Бгыщхьэм итщи, нартыжьхэм

Мывэр бгыщхьэм дехуж.

  • Хъункъэ ари джэгукIэ!

Къегъэжэхыт зы мывэ!

…Бгыщхьэм йохьэ Сосрыкъуэ,

Мывэр бгыщхьэм дехужри

Иныжь ябгэр мэгубжь:

  • Мыр джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

  • Ари джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ.

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

Вабдзэ плъари жьэдедзэ,

И лъатэм щегъэупщIыIури

  • Гъэплъи, къэдзыт зы вабдзэ –

…Вабдзэ плъар жьэдедзэ:

И кIуэцIым щызэрегъажэри

  • Ари джэгукIэ щIагъуэщ,

Нэхъ щIагъуэжи къызжеIэ!

…Сосрыкъуэ тхьэр къеуэщ:

И укIыкIэр хуэмыщIэ!

И джэгукIэу мыр сощIэ:

Хы къуэпсиблыр щызэхэуэм

Мылыр дамэкIэ къекъутэри

  • Ари хъуни джэгукIэ! –

Хым хегъащтхьэ иныжьыр.

  • КъеIи, мылыр пхуэкъутэм,

…Мылым къоIэ иныжьыр:

  • Хъуакъым, хъуакъым! – жреIэ. –
  • КъеIэ! – жиIа щхьэкIэ,

Хым иубыдщ иныжьыр!

И щхьэр фIихын щыхуежьэм,

Ай, лъэнкIапIэ Iушэ,

Мыр джэгукIэ хъуакъым!

  • Куэд жыпIэнущ иныжьым! –

МафIэр къихьри нартхэ

Дзэ зыIумысыж уэрэд

Къэбэрдейхэр мы уэрэдым зэреджэр «Дзэ зыIумысыж уэрэдщ», абы къикIыр «уэрэдыжь дыдэ» жыхуиIэщ. Мы уэрэдым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъэхэр тхыдэм зыщIыпIи иткъым. Къардэнгъущ I Зырамыку

Нартыжь уэрэд

Дунеижьри, уой жи, щымыджэмыпцIэмэ,

ЩIылъэ щхъуантIэри, уой дуней, щызэпцIагъащIэмэ.

Уар, ди уафэри, уой дуней, хъыкIэ щаухуэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сыгущэхэлът.

Уар ди щIылъэри, уой дуней, мэлкIэ щаубэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сышкIахъуэ щIалэт.

Индылыжьымэ, уой дуней, щIалэр щебакъуэмэ,

А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэфIт сэ.

Бещто Iуащхьэри, уой дуней, къандзэгу щыхуэдэмэ,

А зэманым, уой дуней, сылIы зи IэфIыгъуэт.

Бещто мэзри, уой дуней, щымыч-мыбжэгъумэ,

А зэманымэ, уой дуней, сылIыныкъуэтхъут.

Къаз и губгъуэ, уой дуней, дыщызэдихьэмэ,

ЩхьэкIуиери, уой дуней, къысхубогъакIуэ.

6 стр., 2883 слов

Образ и характеристика Дуни в повести Станционный смотритель Пушкина

... станционный смотритель. Она представлена в образе девушки с милыми щечками, русыми волосами и голубыми глазами. Успевая и тут и там, она занимается и хозяйством и успевает шить себе новые платья, Отличается Дуня ... самой смерти, и оставаться с ними рядом в нужную минуту. Сочинение про Дуню Неоднократно в ... взаимной любви и счастье, это очаровывало ее. Погодя Дуня вместе с гусаром Минским уезжает тайком ...

Уар, ЩхьэкIуиеурэ, уой дуней, къысхуэбгъэкIуамэ,

Уар, а махуэмэ, уой дуней, сигъэтхъупат.

Дунеижьымэ, уой жи, батэр щагъэшри,

Дзэр зезышэри, уой дуней, ди аужь имыкIи.

Си джатэжьурэ, уой дуней, хьэщхьэрыIуэдзэ,

И дзэпкъитIымкIэ, уой дуней, лъыхэр йожэхри.

Псыежэхымэ, уой дуней, сызэпрыплъмэ,

Кхъухь фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрахури.

Кхъухь ф I ыц I эжьурэ, уой дуней, къызэпрахумэ,

Дзэ фIыцIэжьхэри, уой дуней, къызэпрешри.

Дзэ фIыцIэжьурэ, уой дуней къызэпришымэ,

Ар дзэщхьищкIэрэ, уой дуней, зынаузэщIри.

Дзэр зезышэурэ, уой дуней, ТIотIрэш ябгэ,

А зэманымэ, уой дуней, ди аужь имыкIи.

ХъымыщыкъуэкIэ, уой дуней, ди Батэрэзри,

А зэманымэ, уой дуней, ди дзэгъэшынэти.

Уар, и пащIэри, уой дуней, хуэжэрумиблти,

Езы гущэмэ, уой дуней, пылыпкъыр хэлът.

Хьэдрыхэмэ, уой дуней, лъыхэр щIаушэ,

ЩIы фIыцIэжьымэ, уой дуней, сыщIозэшыхьри.

ЩIы фIыцIэжьыри, уой дуней, къызэгуэстхъынути,

Дунеижьымэ, уорэдэ, сытехьэжынут сэ.

Албэч и къуэри, уой дуней, си пэбг имыхти,

Мыр и бжыкIымкIэ, уой дуней, сынреIулIри.

ЛIыгъэр зи фIыщIэр

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

ЗекIуэм хэтурэ, Уэзырмэс цIэрыIуэ хъуащ, лIыгъэшыгъэкIэ къыпэхъун ирихьэлIэркъым. Гъуэгу техьэмэ, шу пашэщ: гъуэгум щыгъуазэщи, и гъусэр щигъэгъуащэ къэхъуркъым. Унэм къихьэмэ, и унэр хьэщIэ кIуапIэщ – шыгъупIастэкIэ ущIыхьэнукъым. ЦIэрыIуэ щыхъум, жагъуэгъуи игъуэтащ.

  • И унэ исыращ псори зи фIыщIэр: и унэ исыр мыхъуамэ, апхуэдэ лIыгъэ къыкъуэкIынутэкъым,-жари ирахьэжьащ Уэзырмэс и жагъуэгъухэм.

Уэзырмэс ар щхьэкIуэ щыхъуащ.

И унэм ихьэжри и щхьэгъусэм жриIащ:

  • Си унэ уисыж хъунукъым афIэкIа: дызыбгъэдэкIыжын хуейщ.
  • Сыт къэхъуар? Уигу сыткIэ зэзгъэбгъа?
  • Къэхъуаи щыIэкъым, си гуи нобгъакъым,- жиIащ, Уэзырмэс.

– Си лIыгъэр зыщалъагъур уи дежщ. Уэр мыхъуамэ, схузэфIэкIын щымыIэу жаIэ си жагъуэгъум.

  • Абы щыгъуэм сыт сщIэн? – жиIащ унэгуащэм. – Дызэдэпсэу щымыхъужынукIэ, си дыщым сегъэшэж.
  • Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ уи Iыхьэщ – сызэблэн щыIэкъым: гур зэщIегъащIи, дэш.
  • Хъунщ,-жиIащ унэгуащэм. – Зы закъуэкIэ сынолъэIужынущ: уи ныбжьэгъухэм къеджи, фадэ-пIастэ Iэнэ къахуэзгъащтэ – ягу фIыкIэ сыкъинэнщ.

Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр къриджащ, и щхьэгъусэм фадэ-пIастэ Iэнэ къахуищтэри жэщищ-махуищкIэ игъэхьэщIащ.

Жэщищ-махуищкIэ щысауэ, Уэзырмэс и ныбжьэгъухэр унэм икIыжащ, езыр, Iэнэм бгъэдэсурэ улэуати, Iурихри жейм хилъэфащ.

И щхьэгъусэр жейм щыхилъафэм, унэгуащэм гур зэщIригъэщIащУэзырмэс зэрыжейуэ гум ирилъхьэри гъуэгу тришащ.

Гъуэгу здытетым, Уэзырмэс къызэщыужащ.

  • Дэнэ сыпшэрэ, унэм щхьэ сыкъипща? – еупщIащ и щхьэгъусэм.
  • Уигу нэхъ пымыкIымрэ уи нэ нэхъ къыфIэнэмрэ здиш унэм къызжепIа?
  • БжесIащ. ЖысIам сыхущIегъуэжакъым.
  • УхущIемыгъуэжамэ,- жиIащ Уэзырмэс и щхьэгъусэм,- сигу нэхъ пымыкIри си нэм нэхъ къыфIэнэри уэрати, унэм укъисшащ.

Уэзырмэс къызэфIэтIысхьэжри, гущхьэIыгъым еджащ:

  • Нэгъэзэж. Мыбы лажьэ иIэкъым. Лажьэ зиIэр сэращ – жагъуэгъум сагъэжэкъуащ.

Игъэзэжри, Уэзырмэс и унэгуащэр и унэ иришэжащ.

8 стр., 3826 слов

Как сложилась дальнейшая жизнь дуни. «Продолжение истории Дуни

... несчастная, а с гордо поднятой головой, как победительница, которая выиграла битву с судьбой. Дуня девушка без приданного и не дворянка, ... оскорбления. Только в самом конце повести мы узнаем, что судьба Дуни решилась удачно. Она стала барыней с тремя детьми ... уверенно, не робеет. Белкин характеризует Вырину, как маленькую кокетку, видевшую свет. Дуня давно заметила, какое сильное впечатление она ...

Ашэмэзрэ нартхэ я Дыгулыпхъурэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Нартхэ я Дыгулыпхъу псыхьэ ежьауэ зы шу кърихьэлIащ. Шум и гъуэгур зэримыупщIын щхьэкIэ, Дыгулыпхъу къэувыIэри гуэгуэныр иригъэувэхащ. Шур къэсмэ – Ашэ и къуэ Ашэмэзт.

Дыгулыпхъу зэрыIуэрыIуэдзыр ищIэрт Ашэмэз. «Мыбы зыгуэр жезгъэIэнщ»,-жери, Дыгулыпхъу деж къыщысым, Ашэмэз шыр къыжьэдикъуащ.

Дыгулыпхъу къеплъри, Ашэмэз и бзэгупэ япэ къыдэшэсеямкIэ къеупщIащ пщащэм:

  • Нартхэ я Дыгулыпхъу, мыбыкIэ шы блахуу умылъэгъуауэ пIэрэ? Шы солъыхъуэ.

Ашэ и къуэр шы зэрымылъыхъуэр къыгурыIуащ нартхэ я Дыгулыпхъу. «Сигъэпсэлъэн щхьэкIэщ къыщIызэупщIыр»,-жиIащ игукIэ, итIанэ мыр къыжриIащ Ашэ и къуэ Ашэмэз:

Нэхущ вагъуэр къыщыщIэзым

Си бжэ дазэр зэIузри

ТепIэн дазэм сыкъыдэплъщ:

ПцIэгъуэплъыр сокупцIэ дамыгъэу,

Зыхури псыпцIэм хэнауэ,

Уи адэм и шыр ихуащ.

А слъэгъуам укIэлъымыкIуэ,

А слъэгъуам укIэлъымыжэ.

Нартхэ я Дыгулыпхъу апхуэдэ псалъэ къридзын и гугъакъым Ашэмэз.

Сыт жиIэжынт Ашэ и къуэм? Пидзыжын щимыгъуэтым, Дыгулыпхъу еупщIащ:

  • А псор пщIэуэ, дапщэщ укъалъхуа уэ дахэр? – жери.

Нартхэ я Дыгулыпхъу абыи хуэщIати, мыпхуэдэ жэуап къритащ Ашэ и къуэм:

Къаз анэ щыгъуалъхьэу,

ГупкIэ мэш къыщахым –

А лъэхъэнэм сыкъалъхуащ.

  • Iэу! Iэу! – жери Ашэмэз и нэр къихуащ. – Дэнэ укъыщалъхуар? – жиIэу къеупщIа фIэкI, нэгъуэщI игъуэтыжакъым. Нартхэ я Дыгулыпхъу, и Iэр псыхъуэмкIэ ишийри, жиIащ:
  • Мо унэ хужьым – хьэ хужьыбэ зыIулъым – сыкъыщалъхуащ.

Ашэмэз и щхьэр иригъэкIэрэхъуэкIри блэкIащ. Ашэмэз щыблэкIым, нартхэ я Дыгулыпхъу, гуэгуэныр и дамащхьэ тригъэувэжри, псыхъуэм дыхьащ, псыхьэ ежьати.

Зэшищым я шыпхъур

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Шууищыр къэсащ, псы Iуфэм къыIухьэри, шым шхуэIур жьэдахащ. Шыр псы ирагъэфэху, Бэдынокъуэ шууищым якIэщIэдэIухьащ.

  • Ди шыпхъум и закъуэ къиднащ унэм,-жиIащ зым. Дгъэзэжыху, яхьынкIэ сошынэ.
  • Хьищэрэ бгъищэрэ дэлъщ ди пщIантIэ – хэт хуэхьын? – къыпидзыжащ етIуанэм.

Ещанэм и псалъи зэхихащ:

  • Хэт игу къэкIын? Мэлыфэ яхуомыдзауэ, бгъищэм уазэрыхэзэгъэн щыIэкъым, хьищэми ублагъэкIынукъым, мэлыщхьэ яхуомыдзмэ. ДыщIэшынэн щыIэкъым.

Зэхихам егупсысурэ, Бэдынокъуэ нэху игъэщащ. Шууищым зи гугъу ящIар пщащэ цIэрыIуэт, къыщIэупщIэми иратыртэкъым, яхьынуи зыхузэфэкI къыкъуэкIыртэкъым. Бэдынокъуэ зрихьэлIа шууищыр пщащэм и дэлъхут, мафIэр къаIуролъэлъ жыхуаIэм хуэдэти, зэшищыр унэм исмэ, езыкун щыIэтэкъым, зэшищыр унэм икIмэ, хьищэмрэ бгъищэмрэ уафIэкIынутэкъым. Бэдынокъуэ и пщIыхьэпIэ дэнэ къыщыхэхуэнт пщащэ цIэрыIуэм и дэлъхуищым я тIасхъэ щыгъуазэ хъункIэ: пщащэр яфIихьын мурад ищIащ, Амыщ и хъушэм хыхьэри зы гъэлъэхъу иригъэукIащ, гъэлъэхъум и щхьэмрэ и фэмрэ уанэкъуапэм фIидзэри гъэгу теуващ. Пщащэм и дэлъхухэр зэрежьар илъагъуагъэххэти, пщащэр зыдэс банапцIэ чом ирихулIащ Бэдынокъуэ. Шы лъэ макъ щызэхахым, хьищэмрэ бгъищэмрэ зэрызехьэ хъуащ, жьапщэ хуэдэ къызэрехьэжьэри Бэдынокъуэ къаувыхьащ: хьищэр къыжьэхобанэ, бгъищэр дамэкIэ къонэпкъауэ.

Гъэлъэхъум и щхьэр яхуидзри, хьищэр зэхигъэлъэдэжащ: щхьэр зэпаубыдауэ зым адрейм къыжьэдеч, шури къафIэIуэхужкъым, зэрышхыурэ зэрыдэхри хьэ банэ макъыр ужьыхыжащ. Мэлыфэр щахуидзым, япхъуатэри, бгъищэр уэгум ихьэжащ.

4 стр., 1565 слов

Мезгил жана алыкул

... 2012 года на широкие экраны вышел полнометражный фильм «Мезгил жана Алыкул» журналиста Айдай Чотуевой (ученица Эрнеста Абдыжапарова), которая была ... Ф.: Кыргызмамбас, 1964. – 16 с. Чыгармалар жыйнагы: 3 томдук (Собрание сочинений в 3 т.). – Ф.: Кыргызстан: 1т. – 1964. – 464 с. ... – Ф.: Кыргызмамбас, 1947. – 86 с. Менин жерим – ырдын жери: Ырлар (Моя страна – родина песни). – Ф.: Кыргызмамбас, 1947.– ...

Хьищэмрэ бгъищэмрэ щыщхьэщыкIым:

  • Хъуащ иджы! – жери Бэдынокъуэ банапцIэ чор шыбгъэкIэ ирищIыкIащ, пщащэр шыплIэм къыдидзэри чом къыдэкIыжащ.

Сосрыкъуэ и хьэщIэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Бэдынокъуэ и хъыбар щызэхихым, и лIыгъэр здынэсыр игъэунэхун мурад ищIащ Сосрыкъуэ.

  • Си хьэщIэщ къихьэ, си шыгъупIастэ зыIугъахуэ,-жери.

Бэдынокъуэ къэшэсри къежьащ. Къыщежьэм, и шыр игъэIущащ:

  • ХьэщIэщым сисыху, пщIэнур мыращ-моращ,- жери.

Сосрыкъуэ деж нэсри, Бэдынокъуэ и шыр шы фIэдзапIэм къыбгъэдинащ, езыр хьэщIэщым ихьащ.

ХьэщIэщым щихьэм, и джатэр зыкIэрихри бжэм ит щIалэм хуишиящ. ЩIалэр къэIэба щхьэкIэ, джатэр хуэIэтакъым: джатэр тещIэри, игъэтIысащ. Бэдынокъуэ джатэр къищтэжри блыным фIидзащ, блыным щыфIидзэм, джатэр техьэлъэри щыхьыбжьэр къыфIищIыкIащ.

  • Зыми ухуэIэтыркъыми нобэ,-жери Бэдынокъуэ джатэр ибг ирищIэжащ.

ХьэщIэщым зы щIалэ къихьащ:

  • Уи шым дыпэлъэщыркъым,-жери. – Шы фIэдзапIэр къыхичауэ мэджэгури дигъэпщафIэркъым. Сыт тщIэнур? Тхуэубыдыркъым.
  • Си зы шабзэ хэфси, шабзэм ефпх,-жери Бэдынокъуэ зы шабзэшэ къаритащ.

НэгъуэщI зы щIали кърамыджауэ шабзэшэр яхущIэхакъым. ТIум зэпаубыдри Бэдынокъуэ и шабзэшэр щIахащ, хасэри шыр ирапхащ.

Iэнэм пэрытIысхьэжауэ, Сосрыкъуэ хъуэхъубжьэ къыIэщIигъэуващ Бэдынокъуэ:

  • Фадэбжьэ къефи, уи лъэгум дыщIэгъэплъ,-жери.
  • ФадэбжьэкIэ лIыгъэ ягъэунэхуркъым,-жиIащ Бэдынокъуэ,- Си лъэгум фыщIэплъэнумэ, банэ гуибл къевгъашэ.

Банэ гуибл къашэри пщIантIэм къыдакIутащ. Бэдынокъуэ банэ гуиблыр лъэгукIэ зэхигъэщэщащ, епщэжри банэ гуиблым я сабэр жьым иригъэхьащ.

Сосрыкъуэ деж къыщыхьэщIэщ, къыщыфэщ-къыщыуджри, Бэдынокъуэ шэсыжащ.

Сосрыкъуэу си къан

Къэбэрдейхэм зэрыжаIэр

Сосрыкъуэу си къан,

Сосрыкъуэу си нэху,

Афэр зи джанэ куэщI,

Дыгъэр зи пыIэ щыгу,

Абазэхэхэм зэрыжаIэр

ЛIым иIуэфхэр зиащэ,

Арщыкъ темэну къиугъэм

Бжьэдыгъухэм зэрыжаIэр

Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм

КIэмыргуейхэм зэрыжаIэр

Нарт щхьахьэ узысэгъакIуэм

ХьэкIувхэм зэрыжаIэр

Сауэсырыкъуэу зи нур,

ПчикIэр зипэIуэ щыгу,

Хьэтыкъуейхэм зэрыжаIэр

Зынэхэр жьэгъуэшэуэ бын,

Зынэхэр гъущIышхуэ мащI,

Шапсыгъхэм зэрыжаIэр

Наты щхьахьэ уздэкIуэм

Сирием зэрыщатхар

ЗынитIур жьэгъуэ щий,

Нарт щхьэхьэ уздэкIуэм

Щэуэ джэгуэгъу уэгъуэт,

Шым и щхьэкIуэрэ къэIуат,

Тыркум зэрыщатхар, Санэхуафэ

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Фи хъуэхъубжьэр си щIасэщ,

Мыр си щIасэу вжызоIэ:

Махуэ жагъуэ димыIэу,

ФIыгъуэ диIэрэ здэдгуэшу,

Ди шагъдийхэр здидгъэлъу,

Вагъуэм пэбжыр ди Iэщу,

ЛIыхъу цIэрыIуэр ди щауэу,

Щыуэныгъэр ди мащIэу,

ПщIэ зыхуэтщIыр нэхъыжьу,

Ди жагъуэгъухэр тфIэлIыкIыу,

ТлъэкIыр тщIэжрэ дытхъэжу,

Ди тхъэжыгъуэр гъунэншэу,

12 стр., 5584 слов

Пир нартов картина описание. Нартский эпос как альтернативный ...

... его принадлежит мне! И он немедля зарезал вола и устроил пир для нартов. Мальчика назвали Айсаной. После пира Сафа взял его к себе в небесное жилище ». Стал ... – меч, стрелы и т.п. Все эти артефакты вручаются именитым нартам, героям и переходят, как правило по наследству. Как Сослан закалил себя «Батрадз и Тхыфырт Мукара» Как ...

Ди гуэныр гъавэм къикъутэу,

Дзажэ дакъэр я Iусу,

Ди щIалэхэр зекIуэ ежьамэ,

Дыщэплъыр я пащIэу,

Ди унэ уардэ унэжьрэ

Пхъэм и махуэр ди бжаблэу,

Бланафэр ди бгъэну –

Гъэ мин гъащIэ Тхьэм къыдит!

Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

Сосрыкъуэ и щытхъум имыгъаплъэ щыхъум, нартхэ Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIащ. Куэдрэ еща, мащIэрэ еща – Сосрыкъуэ и тIасхъапIи Тхъуэжьейм и тIасхъапIи къахуэхутакъым. И т1асхъапIэ къамыхутэмэ, пэлъэщынутэкъым. Уэрсэрыжь деж кIуащ нартхэр:

  • Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр къытхуэхутэ,- жари.
  • ДжатэкIи шабзэкIи Сосрыкъуэ фыпэлъэщынукъым,- къажриIэжащ Уэрсэрыжь. – ФылъежьэкIэ Тхъуэжьейми фыщIыхьэнукъым.
  • Жэщибл-махуиблкIэ фыкъыспэплъэ, сэ зыгуэр фхузэIусщэнщ,- жери нартхэр къыдигъэкIыжащ Уэрсэрыжь.

Нартхэр къыдигъэкIыжри Уэрсэрыжь аргъуейм еджащ. Аргъуейр къэсри Уэрсэрыжь и пащхьэ къитIысхьащ.

  • Зэхэпха нартхэ жаIар? – еупщIащ Уэрсэрыжь аргъуейм.
  • Зэхэсхащ,- жиIащ аргъуейм.
  • Зэхэпхамэ, ежьи, Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ къэгъуэт, я тIасхъапIэ умыхутауэ къомыгъэзэж.

Аргъуейр Уэрсэрыжь и пщIантIэ дэлъэтыкIащ, махуищ дэкIри и псэ пыт къудейуэ къигъэзэжащ.

  • Къэпхута Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэ?
  • Къэсхутащ,- жиIащ аргъуейм.

– Тхъуэжьейм и шыкIэ налъэ къыстехуэри си зы дамэр икъутащ. Си зы дамэ щикъутэм, жьым сыкъэшэсри армыгъуейуэщ сыкъызэрыкIуэжар.

  • Сосрыкъуэрэ Тхъуэжьейрэ я тIасхъапIэр сыт?
  • Сосрыкъуэ и тIасхъапIэр и куэпкъыщхьэрщ, Тхъуэжьей и тIасхъапIэр и лъэгурщ,- жиIащ аргъуейм.
  • Жеяуэ сащрихьэлIэм, я щхьэм щызублэри си дыдыр хэсIуурэ я щIыфэр къэсхутащ.

Сосрыкъуэ къыщыскIар си пэ дыдыр и куэпкъыщхьэм хэсхуа нэужьщ. Тхъуэжьейр щетхэуар и лъэгум сынэса нэужьщ.

ПIалъэр къыщысым, нартхэр Уэрсэрыжь деж ихьащ:

  • Сыт къыджепIэн? – жари.
  • ВжесIэн щыIэщ, фхузэфIэкIынумэ,- къажриIащ Уэрсэрыжь.
  • КъыджепIэмэ, тхузэфIэкIынум деплъынщ,- жаIащ нартхэм.

— Псыжь адрыщI шурылъэс фыщыджэгу. Шурылъэс къывдэджэгумэ, фызэщиудынурэ Сосрыкъуэ къыфхэкIыжынущ. АпщIондэху Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тефлъхьэ, лъэмыжым мафIэ щIэфщIыхьи, вгъэплъ. Сосрыкъуэ къыфхэкIыжрэ лъэмыж гъэплъам къытехьэмэ, Тхъуэжьейм и лъэгур цIынэщи, щIижьыкIынущ. ИтIанэ и ужь фыкъихьэ: езым и куэпкъыщхьэри цIынэщи, Тхъуэжьейр имыIэжмэ, фыпэлъэщынкъэ?

Ар къащыжриIэм, нартхэр Псыжь зэпрыкIащ:

  • Шурылъэс дыджэгунщ,- жари.

Шурылъэс яублэри, Сосрыкъуэ нартхэр зэщхьэщиудащ. Шурылъэсым хэтыху, нартхэм Псыжь гъуаплъэ лъэмыж тралъхьащ, мафIэ щIащIэри лъэмыжыр ягъэплъащ.

Нартхэр зэщхьэщиудри, Сосрыкъуэ къежьэжащ, Псыжь къыхэпкIэри къызэпрыкIыжащ.

Лъэмыжым техьакъым – нартхэ ебзэджэкIащ.

Жагъуэгъум хуэфащэр

Сосрыкъуэ яукIын мурад ящIауэ, и жагъуэгъухэр къещэрт. Къещэ щхьэкIэ зэкъуэхуауэ

заIэригъыхьэртэкъым, бэлэрыгъ и хабзэтэкъыми.

ЗекIуэ къикIыжауэ, Сосрыкъуэ нартхэ я Iэхъуэм гъуэгущхьэм щрихьэлIащ.

  • Нартхэ я хъыбар къызжеIэ,- жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм еджащ.
  • Нартхэ я хъыбар сэ дэнэ щысщIэн: махуэм сыIэхъуэщ, жэщым сыхьэдэ хъурейщ,- къыжриIащ Iэхъуэм.
  • Нартхэ я хъыбар умыщIэнумэ, гъуэгущхьэм щхьэ утет? – жери Сосрыкъуэ Iэхъуэм хуэгубжьащ.

Алыджхэ я унэм нартхэр зэрыщызэхэсыр игу къэкIыжри, Iэхъуэм жиIащ:

14 стр., 6788 слов

О композиции литературного произведения

... компонентов требует от писателя высокого художественного искусства и мастерства. О композиции литературного произведения [Электронный ресурс]//URL: https://litfac.ru/kursovaya/kompozitsiya-teksta/ Композиционная заверш ... композиционных решений, обеспечивающих идейно - художественную целостность литературного произведения, связь композиций с индивидуальным стилем автора выдвинулись ныне в ряд самых ...

  • Нартхэ я хасэщ, жэщибл-махуибл хъуауэ Алыджхэ щызэхэсщ.
  • Сыт къаухэсыр? – еупщIащ Сосрыкъуэ Iэхъуэм.
  • Къаухэсыр хэт ищIэн,- жиIащ Iэхъуэм. – Сахыхьакъым – сахэкIакъым.
  • КIуэ,- жиIащ Сосрыкъуэ,- нартхэ яхыхьи, къаухэсыр къысхуэщIэ.

Iэхъуэр нартхэ яхыхьащ, къаухэсыр зригъащIэри Сосрыкъуэ къыхуихьащ:

Алыджхэ я унэм исым я гуахъуэ зырыз ищIри, Сосрыкъуэ Iэхъуэм жриIащ.

  • Гуахъуэр хьыи, Алыджхэ я бжэкъуагъым къуэгъэувэ.

Гуахъуэр ихьри Алыджхэ я бжэкъуагъым къуигъэуващ Iэхъуэм.

Iэхъуэм Алыджхэ тригъэзащ, хасэм яхыхьэри яхидзащ:

  • Iэдэмрэ уадэмрэ япэ къежьар зыщIэ щыIэ? – жери.
  • Iэдэращ,- жиIащ зым. – IэдэкIэ умыубыдмэ, уадэ пхуэщIрэ?
  • Уадэращ япэ къежьар,- жиIащ нэгъуэщI зым. – Уадэ уимыIэмэ, Iэдэ пхуэщIрэ?

Нартхэр зэдауэ хъуащ. Зэдауэурэ зэрыгъэплъри бжэкъуагъым къуэт гуахъуэм епхъуащ, гуахъуэр я зырыз хъурти, зэхэлъэдэжри я щхьэр къызэрекъутэхащ.

Iэхъуэр къахэкIыжри Сосрыкъуэ деж къэкIуэжащ:

  • Нартхэ зэрыукIыжащ,- жери.
  • Хуэфащэр къащыщIащ,- жиIащ Сосрыкъуэ. Шэсри, и гъуэгу техьэжащ.

Зытхыжар Къэрмокъуэ Хьэмидщ

ЗекIуэ ежьауэ, Сосрыкъуэ Афэбг лъапэ деж шхужь къупщхьэ щрихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ Сосрыкъуэ шхужь гъуанэм. Ар игъэщIагъуэри, тхьэ елъэIуащ:

  • Мыр зи къупщхьэр къэхъужауэ сыгъэлъагъу,- жери.

Зи къупщхьэр пасэрейт. Пасэрейр къэхъужри къызэфIэтIысхьащ.

  • Усыт лъэпкъ, дэнэ ущыщ? – еупщIащ Сосрыкъуэ къэхъужам.
  • Сыпасэрей лъэпкъщ, мыбдеж дисащ… Мы мывэжьищыр плъагъурэ?

Бгы лъапэм мывэжьищ телът.

  • Солъагъу,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • А мывэжьищыр зэхэддзурэ дриджэгу ди хабзащ,- жиIащ пасэрейм.

Сосрыкъуэ къуэм зэпрыкIащ.

  • Сыпсэущ!- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • НокIуэ етIуанэри! – етIуанэри идзри, Сосрыкъуэ егуоуащ. – Упсэу иджыри?
  • Ещанэри нокIуэ! – ещанэри идзащ. – Упсэу?
  • Сыпсэущ! – жэуап къитыжащ Сосрыкъуэ.
  • Упсэумэ, къуэм къызэпрыкIыж.

Сосрыкъуэ къуэм къызэпрыкIыжащ.

  • Мывищ нэздзащ – дауэ укъела? – игъэщIэгъуащ пасэрейм.
  • СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • «Iулъэт» жыхуаIэр сыт? – къеупщIащ пасэрейр.
  • Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ «Iулъэт» жыхуаIэр.
  • Дэ ар тщIакъым. Къадз илъэпкъыр къыттехуэурэ, аращ дызыухар…

Ар жери, паcэрейм и нэпс къыщIэкIащ, щIым хэтIысхьэжри и псэр хэкIыжащ.

Сосрыкъуэ мэзым щIэкIрэ пэт шхужь гъуанэ ирихьэлIащ. Зэрышууэ икIащ шхужь гъуанэм. ИгъэщIагъуэри, шхужь гъуанэм къыбгъэдэувыIащ.

  • Мыр зи шхужьыр къэхъужауэ слъэгъуащэрэт,- жери тхьэ елъэIуащ Сосрыкъуэ. – И нэ имысыжу кърехъуж.

Сосрыкъуэ и тхьэлъэIу къыдэхъурти, шхужьыр зейр къызэфIэувэжащ. КъызэфэIувэжа щхьэкIэ, щIым хуэшэчакъым, апхуэдизкIэ пIащэти: и лъэгуажьэм нэс щIым хэтIысхьащ.

  • Мы дунейр сыту кIыфI,- жиIащ лIы домбейм. – Уэри уи нэ къэт?
  • Хьэуэ, къэткъым,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • Ди ужь къихъуэнур зэрыукIыжынущ къыджаIэгъащ ди адэжьхэм. ФызэрыукIыжрэ? – къеупщIащ лIыр.
  • ДызэроукIыж,- жэуап иритащ Сосрыкъуэ.
  • ЛIы фIыцIэ гъущIынэ къытехьэнущ дунейм жаIэгъащ. Къытехьа?
  • Мыбдежым зы псей абрагъуэ итащ. Итыж? – къеупщIащ лIыр.

ЛIы домбейр зэIэбэкIри псейр къиухуащ, и бгым нэс къыпищIыкIри Сосрыкъуэ къриутIыпщащ.

  • Укъела? – къеупщIащ лIыр.
  • Сыкъелащ. СыIулъэтри сыкъелащ,- жиIащ Сосрыкъуэ.
  • Iулъэт жыхуаIэр сыт?
  • Къадзыр зытомыгъахуэмэ, аращ Iулъэт жыхуаIэр.
  • Ар дэ тщIакъым.

Къадзыр къыттехуэурэ, абы диухуащ… Узэры-Сосрыкъуэр си фIэщ хъуащ. Тхьэ уелъэIури сыкъэбгъэхъужащ. Уи тхьэлъэIу къыбдохъу. Тхьэ елъэIуи, сыгъэлIэж: сэ мы дунеягъэм сишх щыIэжкъым.

  • Ари пхуэсщIэфынущ,- жиIащ Сосрыкъуэ. – Нартхэ сахыхьэжмэ, хэт срихьэлIауэ яжесIэн?
  • Дэ фыкъытщIэмыупщIэ: хьэдрыхэ зэхудипIалъэщ.

Сосрыкъуэ тхьэ елъэIури, лIым и псэр хэкIыжащ.

Ахумыдэрэ Ашэмэзрэ

Зытхыжар ХьэдэгъэлI Аскэрщ

Ар нартхэ я тхьэIухудщ,

Щауэу къылъыхъури зымыдэщ,

Дыхьэрэныр зи нэкIущ,

Езыр уардэ зэкIужщ,

Езыр пщащэ Iэхулъэхущ.

Хуэмыху лъэпкъ зымыдэщ.

Щауэ Iэджи хузэблокI,

Псэлъыхъу Iэджи икIэ къещI.

  • ЩIалэу щыIэм сращхьэщ,

ХьэщIэу кIуэми сащыщкъым,

Нэмыплъ лей къысхуремыщI,

Спкъырыт лъагъуныгъуэм сригъуэгурыкIуэщ,-

ЖеIэри, Ашэмэзыр абы хуокIуэ.

КъакIуэми и шыфэ-лIыфэр

КъыхуэкIуам щIалэ кIэлъегъакIуэ.

  • КъэкIуар щIалэ есщ,

КъэкIуар щIалэ псыгъуэщ,

КъэкIуар Ашэмэзу езым наIуэу къыщищIэм,

ЩIалэм лъэкIынури егъэунэху:

Ахумыдэм жьапщэ дыдж зыкъещI,

ЩIы къэкIыгъэр есыж,

Псы ежэхыр йогъукI,

Ашэмэзу лIы пхъашэм,

Ашэ и къуэу бжьэмияпщэм

И бжьамийр къызэкъуех,

Гум хыхьэ пшыналъэр зэфIещIэ.

ЩIыр арыххэу мэщхъуантIэ,

Жыгхэр къотIэпI, мэгъагъэ,

Удз гъэгъахэр щхъуэкIэплъыкIэщ,

Ар щилъагъум Ахумыдэм

ЩIалэ гуэрыр хуегъакIуэ,

Бацэ IэкIуэ хуегъэхь,

Пхъэ гъуа кIапи ирет.

Ашэмэзым ар къыIех,

Хэплъэу тэлайкIэ ар щысщ,

Пщащэм жэуап кърет:

  • Дзасэм куцI паIуркъым,

Сэ Iэщ зыпIми сащыщкъым.

Ауэ щIэкIи, плъэ ныджэм,

Жыг ухуейми, дэтщ пщIантIэм.

ПщIантIэм къыдокI Ахумыдэ,

Ныджэм плъэмэ – уфащ;

Ар елъагъури Ахумыдэр

Жыгыр дэзу елъагъу,

ИмыгъэщIагъуэу ар йоплъ,

Зэплъым дыщэщ япытыр.

Тэхъуанэм Ахумыдэр щIохьэж,

Шхыныгъуэ Iэни еухуэ.

Iэнэм хуэфIу телът мэжаджэ,

А мэжаджэр ху мэжаджэплът,

Фалъэм итыр шэ хьэнтхъупст,

Хьэнтхъупсым дагъэр нэрынэу тетт,

Ахэр Ашэмэз хурагъэхь,

Щхьэтемыхыуи мыхэр жреIэ:

  • Мазэр изщи мэзагъуэщ,

Вагъуэр изщи пшэ телъщ,

Ашэмэзым къудамэ гъуар

Игъуэу щIопщыкъу ищIат,

ЩIопщри абы екIуат,

Iэнэ шхыныр зытетыр

ЩIалэм абы хущIехьэ,

  • Мазэр изщи мазагъуэщ,

Вагъуэр изщи пшэ телъщ,

Ашэмэзым ар къещтэ,

И жэуапуи кIэлъещтэ:

  • Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,

СхурищIэну гуащэм жеIэ.

Нобэ жэщыр жэщ мазэхэщ,

Ауэ мазэр сэ сымылъагъуми

Мазэр изти мазагъуэт,

Вагъуэр хэзти пшэ телът.

Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,

Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.

ЩIалэр Ахумыдэ хуокIуэж,

Жэуап къихьари хуеIуэтэж:

  • Мы щIопщыкъур зым хуэныкъуэщ,

Iэпэпс хуипщIэну къолъэIу.

Мазэр изти мазагъуэт,

Вагъуэри хэзти пшэ телът.

Мазэм и щIэлъэныкъуэр гуагъэзщ,

Вагъуэри зырыз хащIыхьщ.

Ар щызэхихым Ахумыдэр

НэбгъузкIэ топлъэ и Iэнэм,

Iэнэм телъыжыр мэжаджэ ныкъуэщ,

Кугъуэу хэлъыжри зырызщ.

И IуэхутхьэбзащIэм жьэхолъэ,

БжэIупэм Iуту мыр жеIэ:

  • Ана-а! Мы уи щIопщыр щIопщкъым,

Уи щIопщыкъур хьэмкIутIейкъым,

Къазу уи шыр пщэ къуаншэкъым,

Уи шыр альпу данафэкъым,

Нарт данэ Iэпэпсыр

Уэ пхуэфащэу сфIэщIыххэркъым.

Ар зэхехри Ашэмэзым

Зыкъегъазэри жэуап къетыр:

  • Уа-у-у! Нартхэ я тхьэIухуд,

Данэр зи Iэпэм пыщэщ,

Си щIопщри щIопщщи,

Си щIопщыкъури хьэмкIутIейщ,

Си пщIэгъуалэр къыупщэщ,

Алъпуи щыIэм я щхьэжщ.

Нарт щIыналъэм срикъуэщ,

Къуалэу уэгуми сыщызокIуэ,

Бланэу щIылъэм къыщызокIухь,

Щауэ псэгъу солъыхъуэ.

Ар Ахумыдэм зэхехри

Псалъэ хъуэрхэр къеутIыпщ:

  • А-а-а! Ар уэращ жыпIа?

АтIэ уи щIопщыр щыщIопщкIэ,

Уи щIопщыкъури щыхьэмкIутIейкIэ,

Уи шыкIэри щыданэкIэ,

Дауэ ущауэу псэгъу лъыхъуэ уежьа?

Уи алъпыр къыупщэщ жыпIа?

Индылыщхьэ еуи схунэс,

Данэ босцейри къысхуих,

Мис итIанэ дызэпсэлъэнщ.

Ахумыдэ и пщIантIэм къыдошэсыкI.

Мэз кIырхэм ар кIуэцIрокI,

Псы икIыгъуи мылъыхъуэу макIуэ,

Индыл и кIуапIэр къехутэ,

Къызыщыхутэр лыгъейм ищтащ.

Зыкъещтэ, зеIэтри ар мафIэм щхьэщокI,

Жьапщэ кIэрахъуэми ар хохуэ.

Шхий хуэдэ жьапщэм жыгхэр зэредзэ,

Къыр хьэдзэ инхэри епхъэх.

Уэшх пIащэ Iувхэр къожэх,

Уэшхыр зэпоури уэс къос,

Уэс уаем и кIэр сабэм зэщIещтэ.

Абы щIыгъуу тафэхэр мэгъущIэ,

Псы уэрхэр дэни щогъущыкI,

Ашэмэзым Тхьэгъэлэдж бжьамийр

Къызэкъуехри и пшыналъэм щIедзэ –

Дунейм зэуэ зыкъеублэрэкI,

ЩIы къэкIыгъэм псоми заужьыж…

Куэд икIуа, мащIэ икIуа,

Ашэмэзыр Индылыщхьэ нос.

Индылыщхьэм зы къурш ин къытетщ,

Зы тэхъуанэ абы тещIыхьат,

Тэхъуанащхьэм бжей ин къытекIат,

Бжейм и щхьэкIэм абгъуэ тещIыхьат.

Абгъуэм иту зы чэщанэ щытщ,

А чэщанэм къан хъыджэбз щопсэу,

Абы и псэуэгъури къан тхьэрыкъуэт,

А тхьэрыкъуэрт зиIэр данэ босцейр.

А тхьэрыкъуэр нэхущ къэсыхункIэ

Абгъуэм къокIри Индыл псыхъуэ къокIуэ.

Ар къыщIэкIуэр абы зыгъэпскIакIуэт,

Мис а кIуапIэм Ашэмэз щоплъакIуэ.

Куэд дэмыкIыу къан тхьэрыкъуэр къох,

Зигъэхуэму псыхъуэм ар йокIуалIэ,

ЕмылIалIэу данэ босцейр зыщех,

Псы ехыпIэм тету псыхъуэм дохьэ.

Иш хьэзырти Ашэмэз зепхъуатэ,

Данэ босцейр къепхъуатэри къожьэж…

Куэд дэкIа, мащIэ кIуа?!

Ашэмэзыр нарт щIыналъэм къос.

ЗэщIэпсыпсэу данэ босцейри къехь,

Ар Ахумыдэ и деж къехьэс.

Ауэ ар Ахумыдэм къыIимых.

  • Хей-хей! – жеIэ,- нартхэ я Ашэмэз,

Гъуэгуанэу пкIуари щIэпкIун щыIакъым,

Къэпхьа босцейми зыкIи сыхуейкъым,

Сэ сызыхуейри уи бэшэчыгъэрщ.

ЛIыгъэм фIыгъуэ зэрептырщ,

ЛIыгъэм пэжыгъэу дэпIыгъырщ.

Лей зымыгъэгъухэм уащыщщ.

Уи нэр вагъуэ мыункIыфIщ,

Уи щхьэр дыгъэ къуэмыхьэщ;

Шым утесым – уIуащхьэщ,

Джатэр къапщтэм – ущыблэщ,

Блэшэу зекIуэр уи шабзэщ;

Уи щыпэ шэсми дзакIуэм урапашэщ,

Дзэуэ зепшэр дыгъужьщ,

МаскIэплъыр къызыпыщэщыр уи Iэщэщ,

Дзэ Iувыр зыущиифри уи джатэщ,

Уи джатэпэм жыр мастэр къепхъуатэ,

Нарт цIыхухэм сыткIи уахощыр,

Iэщэ хэт къищтами пщIэмыхьэ.

Уджамэ щIылъэр бдопсалъэ,

Зи лъэ вакъэ изылъхьэр къыбдожьэ,

Уежьауэ щытми уи япэ зы цIыху къимыхуэ.

Абы хуэдэ щауэщ сэ сызыхуейр!

Ахумыдэм апхуэдэу къыжеIэ,

Iэпэгъууи Ашэмэзыр ещтэ;

Нарт жылагъуэм ахэр щызэпсэгъущ,

ФIыгъуэу ягъуэтари гъунапкъэншэщ.

Мэлэчыпхъу

Зэгуэрым Мэлэчыпхъу и лIыр ныртыжьитI и гъусэу махуэ 15-кIэ къэтыну ежьащ. ЗдэкIуам аргуэру махуэ 15 гуэркIэ щымыIэжу мыхъуу, мазэкIэ къэтын хуей хъуащ.

Нартым и гъуситIыр къиутIыпщыжащ:

— Гуащэм мафIэхъу схуефхыж! МазэкIэ сыкъэтын зэрыхуейри схужефIэж. Нобэ фынэсу пщэдей фыкъэсыжу фыкIуэж- жиIэри. Зыщымыщу бохуцеяпхъитI Мэлэчыпхъу саугъэту къыхуригъэхьри и гъуситIыр къигъэкIуэжащ. БохуцеяпхъитIыр Мэлэчыпхъу къыхуахьри къэкIуэжахэщ. Нэсыжри нартым я пщэ кърилъхьар Мэлэчыпхъум жраIэжащ. ЕтIуанэ махуэм ежьэжын хуейти лIым жраIэжыну мыр яжриIащ:

Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ.

КъуанщIэ фIыцIэжьитIым ягу хыумыгъэщIын» – жыфIи си лIым схужефIэж,-жиIэри.

  • ЩIалитIым абы къикIыр къагурымыIуэу, ягъэщIагъуэу зыщамыгъэгъупщэжын щхьэкIэ жаIэурэ кIуэжахэщ. Нэсыжхэри нартым елъэIуахэщ:
  • Тхьэм щхьэкIэ, дэ зыгуэркIэ дынолъэIунущи къыджыIэ,- жаIащ.
  • ФыкъызэлъэIу, сщIэмэ фызогъэгугъэ вжесIэну,- жиIащ нартым.

Тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ,

  • БохуцеяпхъитI фэзгъэхьам зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI къыпыфчат? – жиIэри еупщIащ нартыр и гъуситIым.

— АтIэ зым зы IэфракIэ, адрейм IэфракIитI пачащи «тхьэрыкъуэ пщэхуитIым я псэ» жыхуиIар гуащэмрэ сэрэщ. «КъуанщIэ фIыцIитIым» жыхуиIэр фэ тIуращи, «Дэ тIум ди псэ, уи гъусэ нартыжьитIым я гугъу умыщIын!» – жиIэу аращ гуащэм и псалъэм къикIыр,-жиIащ нартым.

НартыжьитIым ар ягъэщIэгъуащ, абы иужькIи апхуэдэ зэй ящIэжакъым.

Мазэ пIалъэр дэкIри нартми къигъэзэжащ.

Нартыр къэкIуэжа иужькIэ куэд дэмыкIыу хьэщIэ къахуэкIуащ.

ХьэщIэщыр унэм пэжыжьэт.

Мэлычыпхъу хьэщIэм хуэфащэ лы Iыхьэр лэпсым хэлъу, лэпс тепхъэри тепхъэжауэ, шыуаным илъу хьэщIэщым иригъэхьащ, адэкIэ и лIым къыхихыжу дахэ-дахэу Iэнэм трилъхьэну.

Унэджокъуэ лыр къыхихыурэ хьэщIэ Iыхьэ гуэр къэт хъуащ.

Абы Мэлэчыпхъу деж игъэкIуащ:

  • ХьэщIэ Iыхьэр щхьэ къэт хъуа? – жиIэри.
  • Пшэр лъэныкъуэ ирагъэзри

Вагъуэр зэрыз ящIащ,-

жыфIи схужефIэж си лIым,-жиIащ Мэлэчыпхъу.

Апхуэдэу и лIым щыжраIэжым, гуп зэхэсыр еупщIащ:

  • Мыбы къикIыр, Тхьэм щхьэкIэ, къыджыIэ! – жаIэри.
  • Абы къикIыр мыращ: лэпс тепхъэр лъэныкъуэ ирагъэзри лы Iыхьэр хахащ,- къажриIэжащ нартым.

Бадий и псысэ

Еуэрэ-уэрэт, жи: Къэбэрдейм и гъунэ дыдэм зы къуажэ цIыкIу щыст, жеIэ, ИнэмыкъуэкIэ еджэу. Инэмыкъуэм зы щIалэжь цIыкIу дэст, Бадий и цIэу. Пщыхьэщхьэ гуэрым Бадийхэ я унагъуэр кино еплъу здэщысым, адэр къыщIохьэжри, телевизорыр егъэункIыфI. Унагъуэр къыхудоплъей абы.

  • Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, цIыхур зэтраукIэ, унэхэр ягъэс, хэкур яхъунщIэ,-жи адэм.- Фэ телевизор фоплъри фыщысщ.

Унагъуэм cыт ялъэкIынт – гузавэщ, гузавэхэри гъуэлъыжащ, ауэ адэм игу ирилъхьащ, Iэщэ къигъуэту, Абхъазым кIуэну: «Дыщысурэ педгъэшхыкIынкъым,-жи игукIэ. – Сыт напэр диIэу ди адэжьхэм даIуплъэжын!»

АрщхьэкIэ ар зэрымыгугъауэ зигъэзащ Iуэхум.

Йоуэри, жэщыбгым деж телефон уэзджынэм къегъэуш, жей IэфIым хэт Бадий. И нэ фIыцIэшхуэхэм щIэIуэтыхьурэ щIалэжь цIыкIур макIуэри трубкэр къытрех:

  • Алло! Инэмыкъуэ мыр? – къоIукI лIы макъ.
  • Ярэби, щIалэфI, Бадий жыхуаIэр къыдолъыхъуэ, умыцIыхуу пIэрэ?
  • Iэлыхьалыхь, сыту ди насыпу укъэдгъуэта! – мэгуфIэ къэпсалъэр.
  • Нэпсалъэр Хасэращ,-жи телефоным.- Къэбэрдей псор уэ дыпщогугъ.
  • Сэри? – егъэщIагъуэ ар щIалэ цIыкIум.
  • Уэ зэхэпхакъэ къэхъуар? Чынтхэр Абхъазым иужьгъащи хьэлэч ящI.

Дэ абы дызэрыпэувын Iэщэ диIэкъым. Уэ укъыддэмыIэпыкъумэ, ди къуэшхэр мэкIуэд.

  • Уарэ мыбы жиIэр! – Iэнкун мэхъу Бадий.- Дауэ? Сэ… сыщIалэ цIыкIущ иджыри…
  • ДощIэ, Бадий, дощIэ,-жи хасэ Тхьэмадэм.- ГеографымкIэ тIу узэриIэри дощIэ…

Бадий цIыплъ мэхъу.

— …ауэ мы ди лъэIур игъэзэщIэфыну хэкум цIыху искъым, уэр фIэкIа. Хьэрамэ Iуащхьэ фи къуажэм пэгъунэгъу дыдэщ, пэжкъэ? АтIэ, лIыжьхэм зэрыжаIэмкIэ, нарт Сосрыкъуэ здыщIэлъыр а Iуащхьэм и Iэшэлъашэхэращ. Абы и макъыр щIым къыщIэIукIыу уи адэшхуэм зэхихауэ жаIэ. АтIэ Хасэр къызэрынолъэIуращ: уи адэм и щIытI маршынэр Хьэрамэ лъапэ ху, нартыр здыщIэлъ щIыпIэр къэгъуэт, къыщIэтIыкIыж аби, мы къэхъуар жеIэ. АдкIэ ищIэнур езым ищIэжынщ. ЕпIэщIэкI, къуэш!

  • СокIуэ! ИджыпстуупцIэ сокIуэ. – Бадий трубкэр тредзэжри, и гъуэншэджыр ныкъуэлъытIагъэу къыщIож.

Адэм и щIытI маршынэр куэбжэпэм щытт, и хъупышхуэжьыр IэштIым нэхъей, игъэдалъэу. ЩIалэ цIыкIур абы йотIысхьэри, алъпым хуэдэу ирегъэлъ аби, Хьэрамэ лъапэ еху.

Бадий куэдрэ къызэхикIухьащ Iэшэлъашэр, ауэ кхъащхьэ гуэри игъуэтакъым. Щимыгъуэтым, гъуэлъри и тхьэкIумэр щIым трилъхьэщ аби, дэIуащ. КIуатэри, аргуэру дэIуащ. Iэпхъуэри, аргуэру дэIуащ. IукIщ аби, аргуэру дэIуащ. КIуэтэхукIи Бадий нэхъ пIейтей хъурт: щIы щIагъым щэIу макъ къыщIэIукIырт.

Бадий и маршынэр къыбгъэдехуэри, абдежыр къитIу щIедзэ. Мазэм пшэ фIыцIэжьхэр зытрелъэщIыкI аби, дунейр Iурихыу мазэгъуэ нэху мэхъу. Маршынэм и хъупыжьыр нэхъ жыжьэ еIэбыхыхукIэ, щэIу макъри нэхъ ину зэхох. Абы хэту щIыр мэзджыздж, мазэр мэункIыфIри уафэр мэхъуэпскI, щыблэр мауэ аби, мазэр къыщIонэж. Мазэгъуэ нурым игъэпскIыу нарт Сосрыкъуэ щIым къыщIокIыжри къоув.

  • Лъэпщым и нэфIыр зыщыхуауэ нартхэ ди Бадий цIыкIу, дэнэ ущыIэ? – жи Сосрыкъуэм,- Тхьэшхуэм и хьэтыркIэ, зызгъэлъагъу!

Бадий маршынэм къолъэ, нарт Сосрыкъуэ ар къепхъуатэ: дрехьейри мэгъущIэ, кърехьэхри мэщIытэ. Езыми лIы фIыцIэ гъущIынэм и пщэм зридзащи къэгумэщIауэ магъ. Зы зэман зэ тIуми ягухэр мэзэгъэж, итIанэ щIалэ цIыкIур нартыжьым йоупщI:

  • Уа, Сосрыкъуэ, уэ дэнэ сыкъыщыпцIыхурэ сэ? – жи.
  • Ей, си къуэш цIыкIуу Бадий щэджащэ, сэ илъэс минитху хъуауэ узоцIыху,-жи нартым.
  • Уэи, пцIышхуэм, Сосрыкъуэ, сэ илъэс пщыкIутIщ сызэрыхъур,-жи Бадий дэхьэшхыурэ.

— Мы си куэ цIынэхэр Жаншэрхъым пихауэ биижьхэм сыщыщIатIэжым щыгъуэ, сыкъэдзыхэщ аби, Тхьэшхуэм селъэIугъат, мы си псэр пыту сыщIумыгъатIэ жысIэри. Тхьэшхуэр къысхуеплъыхщ аби, «Сосрыкъуэ,-жиIэгъат,- уи псэм иджыри дыхуеижынущи хъумэ. Уи псэр пыту, ауэ псалъэ къыбжьэдэкI мыхъуу илъэс минитхукIэ а щIы фIыцIэжьым ущIэлъа нэужь, Хасэм нагъэкIуэнурэ, нарт Бадий цIыкIу укърагъэутIыпщыжынущ»,-жиIэри. Илъэс минитхукIэ уи цIэр гукIэ схъумащ сэ, Бадий! ЖысIэ мыхъуу схъумащ! Уи псэр пытрэ уи бзэр мыIуу ущыпсэум деж, махуэр илъэс къыпщохъу. Иджы хуит сыхъужащи, жыIэ узыхуейр: бийуэ щыIэм я нэр къистхъынщ, щIым мызахуэу тетыр зэхуэдэ сщIынщ!

  • Илъэс минитхукIэ мы щIы псыIэм ущIэлъамэ, уи Iэпкълъэпкъыр улъиякъэ, ар дагъэ егъэфэн хуейкъэ?
  • Псэр мыулъияуэ Iэпкълъэпкъыр улъийркъым,-жи нартыжьым. – Сэ си псэр фэ фхуэсхъумащ.

Бадий Iэджэм щIэупщIэну хуейт, ауэ зэманыр къаймэщIэкIырти, хъуртэкъым еупщI. ИтIани щIалэ цIыкIум зрелъэфыхь: еупщIынуи нартым ирикуркъым, зригъэщIэнуи щIохъуэпс. Сосрыкъуэ гу лъетэ Бадий зэрыIэнкунми, игъэгушхуэу Iэ къыделъэ:

  • УмыукIытэ, Бадий, зыгуэркIэ укъызэупщIыну ухуеймэ, къызэупщI,-жи Сосрыкъуэ.

Бадий и Iэгур нартым и Iэпщэм ирегъажэ – кърегъажэри, и нэ фIыцIитIымкIэ къыхудоплъей.

  • Сосрыкъуэ, уэ уробот? – жеIэри игъащIэ лъандэрэ зыгъэгумэщI упщIэр кърет, итIанэ плъыжь мэхъури и щхьэр ирегухыж.
  • Хьэуэ, къуэш, сэ мывэм сыкъилъхуами, сыцIыхущ, псэ сIутщ, уеблэмэ си куитIыр лыпцIэрэ къупщхьэу зэфIэтщ.
  • НтIэ ахэр Жаншэрхъым пихатэкъэ?
  • Пихат, ауэ Лъэпщ и IэмыркIэ пыкIэжащ.
  • Къысхуэгъэгъу, Сосрыкъуэ, иджы Хасэм я лъэIур бжезмыIэу хъункъым: Iуэхур пIащIэгъуэщ.
  • ЖыIэ, си щIалэ, сэ сыхьэзырщ.
  • Чынтхэр Абхъазым къатеуащи, я цIыхур зэтраукIэ, я унэхэр ягъэс, я хэкур яхъунщIэ.

Уэ Абхъазым уакъыщымыжмэ, хьэлэч зэтохъуэ.

Сосрыкъуэ зригъэзыхщ, мащэ куум иIэбэри, маисащхъуэ джатэр кърихыжащ:

  • Уэхьэхьей, си щIалэ, сэ Тхьэшхуэм сыкъызыхуигъэщIар аракъэ! Сэ Сэтэней гуащэ сызыхуигъэсари аракъэ! Сэ Лъэпщым сызыхуиузэщIари аракъэ! – жиIэри, щIытI маршынэм и хъупыжь Iэтам джатэмкIэ еуэщ аби, и пщэдыкъым деж къыщыпигъэхуащ.

ИтIанэ джатэр ирелъхьэж, ХьэрэмэIуащхьэ дожри, мы дуней псор къигъэдаIуэу маджэ:

  • Уэхьэхьей, жэр зыщIэмыхьэжу си Тхъуэжьеижь, мы дунеижьым утетыжыххэмэ, къэс! – жеIэри.

Асыхьэтым зы шытхъуэ дахэ уэм хэту къос, и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, нарт Сосрыкъуэ и пащхьэм къоувэ:

  • Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи Тхъуэжьейм.- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!

Бадий Iуащхьэм дожейри шым и жалым щIоувэ, Iэ дилъэу, Тхъуэжьейми ар и гуапэ мэхъури и нэкIур къыщехъуэ.

  • Тхъуэжьей,- жи щIалэ цIыкIум,- уэри илъэс минитхукIэ упсэуа?
  • ЛIыр псэууэ шыр лIэркъым,- жи Тхъуэжьейми. – Сэ Сосрыкъуэ сыпэплъэу мо къуршыщхьэм ситащ.

Сосрыкъуэ йощыгуауэри мэшэс.

  • Айдэ-тIэ, Бадий, фIыкIэ дызэIущIэж! – жи нартым.
  • Сэ-щэ? – къоуIэбжь Бадий.
  • Ей, си щIалэурэ щIалэфI, Хасэм я унафэр нартым я Iуэхуфэщ, уэ географым еджэ!
  • Ар дауэ! – Бадий къызэфIонэ. – Сэ уэ мы щIы фIыцIэжьым укъыщIэзгъэкIыжауэ, уэ ныбжьэгъуу сыкъызомыпэсу!
  • Узахуэщ,- Сосрыкъуэ йоIэбыхри, Бадийр и шыплIэм къыдегъэтIысхьэ, а напIэзыпIэм Тхъуэжьейм зеIэтри уэгум йохьэж.

ЗэныбжьэгъуитIым хы Iуфэр къалъэтыхь, я къуэшхэр дэндеж щытми зрагъэлъагъу, бийр дэнкIэ къикIми зрагъащIэ. Абхъаз хэкур, жэнэтым хуэдэу, щхъуантIэт, псы уэрхэр кIантIэу щежэхыу, я жыгхэм дыгъэ шыр цIыкIухэр пызу, езыри Iуащхьалъэ дахэу… Тхъуэжьейм и дамитIыр зыгуелъхьэж аби, Iуащхьэ хъурей гуэрым тоувэ.

Нарт Сосрыкъуэ и джатэр кърех, егъэкIэрахъуэри Iуащхьэшхуэ гуэрым хуеший:

Арыххэу щIыр мэщэнауэ, къуршыр мэзджыздж, щыблэр мауэ, Iуащхьэшхуэр щхьэщоукIуриикI аби, Абрэскил къыщIокIыж. А дакъикъэм дыгъэр къурш сыджым къытеува къудейти, Абрэскил абы щыIуплъэм, къэгумэщIауэ и IэшхуитIыр еIэт:

  • Я дэ ди Тхьэ,- жи,- илъэс минитхукIэ уэ къыпхуэзэшам уи дахагъэр сыткIэ къыгурыIуэн!

Бадий йоплъ Абрэскили – Абрэскил и нэпситIыр къожэх. Бадий Сосрыкъуэ къыхуоплъэкIыж – Сосрыкъуэ и нэпситIри къыщIолъэлъ.

Тхьэм ещIи, лIитIыр дыгъэм еплъу куэдрэ щытыну къыщIэкIынт, чынт топышэр я кум къыдэхуэу къэмыуэжамэ. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр абдеж занщIэу егъалъэри Абрэскил бгъуроувэ, къопсыхри сэлам зэрах.

  • Къэхъуар сыт, нартхэ я Сосрыкъуэу, СосрыкъуапцIэу, лIы фIыцIэ гъущIынэу, емынэ шу? – жи Абрэскил.

Сосрыкъуэ и джатэр ешийри:

  • Модэ плъэт,-жи,- Гумыста[2] лъэныкъуэкIэ: уэ плъэгъуами ящымыщу, сэ слъэгъуами яхуэмыдэу чынтыдзэ къежьащ. Месри, хы гъунэм Iуту жыр благъуэхэр къопщ, мафIэр къаIурылъэлъу;
  • модэкIэ къуэ дыджхэм дэту щыблищэр къэзэдагъауэ. ЦIыхур зэтраукIэ, унэхэр зэтрагъасхьэ, хэкур яхъунщIэ.

[1] Абрэскил – абхъазым я лIыхъужь щэджащэу эпосым хэтщ.

[2] Гумыста – Сухъум блэж псышхуэ.

Абдежым тенджызыр къоукъубей, къуршыжь хуэдизу толъкъунхэр къызэроIэт. Хы фIыцIэм къыхолъэтыж аби, Абрэскил и пащхьэм пщIэгъуалэ къазыр къоувэ:

  • Уащхъуэ мыващхъуэ кIанэ,-жи,- уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыхъункIэ!

Абрэскил и Арашыжьым [1] IэплIэ хуещI, Iэ делъэри мэшэс:

Арашым ар имыдэу и щхьэр егъэкIэрахъуэ, кIэбдзитIымкIэ тету зретIэр аби, мэщыщ. Хы ФIыцIэм къунан пщIэгъуалэ къыхоцIэфтри, Бадий и пащхьэм къоувэ. ЩIалэ цIыкIур абы хуэмыарэзыуэ и бгъур хуегъазэ.

  • СлIо, Бадий, алъп къунаныр зумыпэсу ара? – Сосрыкъуэ и пащIэкIэм щIогуфIыкI.
  • НтIэ, уэ лIы ухъум сэ шы сыхъунщ жиIэу щхьэ къызжимыIарэ?

ЛIитIри шитIри мэдыхьэшх. Къунаным Бадий зыкъыщехъуэ.

— Абы иджыри нартыбзэ ищIэркъым, Бадий, зыхуумыгъэгусэ,- жи Сосрыкъуэ. – Абы нэхърэ шэси, мо Ерцэхъужь[2] и щыгум къиувэ аби, бийм якIэлъыплъ: жыр благъуэхэр къежьауэ плъагъумэ, уи Iэ сэмэгур Iэт – сэ абыхэм яхуэфI сыхъунщ. Щыблэхэр къыщыуэкIэ, къыздиукI къуэладжэр зэгъэлъагъуи, уи Iэ ижьыр абыкIэ ший – си ныбжьэгъужьым абыхэм ярищIэн къигъуэтынщ.

Сосрыкъуэ жыр благъуэ жыхуиIэр танкхэрат, щыблэ зыфIищар топхэрат – абы игъащIэм танки топи илъэгъуатэкъыми мобыхэм яригъэщхьу къыщIэкIынт.

Арати, Бадий и алъп къунаным зредз аби, Ерцэхъу и щыгум къохутэ. И Iэ сэмэгури еIэт, и Iэ ижьри еший: чынтыдзэр къэхъеяуэ арат.

Абрэскил Арашым йолъэдэкъауэ, Араш зеIэтри абхъазыдзэм яхохьэ.

Абы хэту чынтым я топыр къоуэри, топышэр пэгун хуэдизу къокIуэ, хъуаскIэр къыпылъэлъу. Араш зречри топышэм пожьэ. Абрэскил топышэр къеубыдри къыздэкIа къуэладжэм дедзэж. Топышэр къоуэж аби, къуэладжэм дэтри дэсри зэпкъреуд. Аргуэру зы топыжь къогъуагъуэ, абы и шэми ар дыдэр къыщощI. Арыххэу топ зытхух зэкIэлъхьэужьу къогъуагъуэ. Абрэскил и джатэр кърепхъуэтри, къэсым еуэм, къэсым еуэм, къэсым еуэурэ, топышэхэр зэгуеупщIыкI аби, къэмыуэжхэу кърегъэлъэлъэх… Абхъызыдзэр гушхуауэ чынтыжьхэм йобгъэрыкIуэ.

Сосрыкъуи бгым йокIуэтэхри жыр благъуэжьхэм япэщIоувэ. Япэ ит танкым и пэ кIыхьыжьыр къытрегъапсэри, нартым къоуэр аби, къреуд.

  • Ар сыт уэкIэ, Тхьэр зэуэн, сыбукIти! – жеIэ Сосрыкъуи къыщолъэтыж, танкым и пэ шияр еубыдри, къеIэт аби, егъэкIэрахъуэ, егъэкIэрахъуэри хым хедзэ. – Тхьэр бгъэпцIащ уэ абы укъыхэмыпщыжмэ.

КъыкIэлъыкIуэ танкым йоIэдэкъауэ Сосрыкъуи, бгым щедз, а Iеижьри щхьэпридзауэ йожэхри, и пэ кIыхьыр щIым хэсарэ езыр къыдэгъэзеяуэ мэув.

[1] Араш – Абрэскил и шым и цIэращ.

[2] Ерцэхъу – Абхъазым я нэхъ Iуащхьэшхуэращ.

Ещанэ танкыр IитIкIэ къепхъуатэ, лъагэу еIэт аби, еплIанэ танкым йоуэри, танкитIри, къэнжал банкIым ещхьу, еупIышкIури хыфIедзэж.

Ар зылъэгъуа адрей танкыжьхэм заублэрэкIри, гъуэгыу щIопхъуэж.

Чынтым я пащтыхьыр лIы хьэрэмыжьт, жи, и нэкIур фIыцIэрэ и щхьэцыр хужьу, и пащIэжьитIыр и дамитIымкIэ щхьэдэдзыхарэ щIым телъу илъэфу, щIэпхъуэн хъуамэ, сабэлэрыгъуейр къиIэту. Арати, пащтыхьыр и тахътэм йотIысхьэ, и дыщэ тажыр зыщхьэретIагъэри, инэралыжьхэр иреджэ. Инэралищэ зэуэ щIохьэ пащтыхьым дежи лъэгуажьэмыщхьэ зрагъауэ.

  • СлIожь, хьэ бын, къыфщыщIар? – пащтыхьым и нэщхъыр къахузэхеукIэ, инэралыжьхэри мэкIэкуакуэ. – Мо Iэбжьыue мыхъу абхъазым щхьэ фыкърагъэкIуэтрэ?

Япэ ит инэрал фIыцIэжьыр, нэмэз ищI нэхъей, унэ лъэгум натIэкIэ йоуэ:

  • Мы дунеижьым и тепщэу зи пщыгъуэр имыухыж, къытхуэгъэгъу! – жи. – Дэ дыкъизыгъэкIуэт щыIэщ.
  • Нарт Сосрыкъуэ къэтэджыжащ, къакIуэри Абрэскил хуит къищIыжащи дапэлъэщыркъым: топкIэ доуэри – топышэр къаубыдри къытхадзэж; танкыр ядоутIыпщри – танкыжьхэм лъапэкIэ ироджэгу…

Пащтыхьыр банэ мафIэу къызэщIонэ:

  • ГурыIуэгъуэщ, зиусхьэнышхуэ, ауэ мыдрейм етщIэнур сыт?

Арати, зэрызэгурыIуам хуэдэу ящI.

Санэ фэндырэм щхъухь пэгун хакIутэ, инэрал фIыцIэжьыр я пашэу лIы гупым фэндырэр яхьри Абрэскил хуаший:

  • Уи лIыгъэмрэ уи гуащIэмрэ я щIыхькIэ мы батырыбжьэр ди пащтыхьышхуэм къыпхудигъэхьащ,- жаIэри.

Бзаджагъэ зигу къэмыкI лIыр мэгуфIэ, фэндырэр яIех, и лъащIэр щIеуд, егъэщIейри ткIуэпс къримынэу иреф.

  • Санэ гъуэзэджэт, фи пащтыхьыжьми Тхьэр арэзы къыхухъу! – жеIэри фэндырэр къаретыж.

Чынтхэр зэрыIукIыжу, Абрэскил жейр къытоуэ. Абрэмывэ и щхьэм щIедз аби, мэгъуэлъри занщIэу Iурех. Абы и пырхъ макъыр чынтхэм зэрызэхахыу, тонипщI бомбэжьыр илъу кхъухьлъатэр къаутIыпщ.

Кхъухьлъатэр псом япэ Бадий къелъагъури къыгуроIуэ абы и мурадыр. Iэ ижьыр еIэтри – хъуркъым, Iэ сэмэгур ешийри – хъуркъым. ИтIанэ Бадий и IитIри еIэт. Сосрыкъуэ ар щилъагъукIэ къэмыхъун къызэрыхъуар къыгуроIуэ. Арыххэу и нэ тохуэри – зэрамыщIэжу зы бгъэжь къакIуэу къелъагъу. Нартым бгъэ къыфIэщIар кхъухьлъатэрат. Сосрыкъуэ и шабзэр къызэфIедзэр аби, мауэри Абрэскил и щхьэм щIэдза мывэжьыр щIегъэз. ЛIым и щхьэр къырым зэрытехуэу къоушри къыщолъэт.

  • Умыбэлэрыгъ, си къуэшыжь: Анакъ[1] къэсащи укъеуфэрэзыхь,-жи Сосрыкъуэ. – Умыбэлэрыгъ!

Пэжуи кхъухьлъатэр къэсауэ Абрэскил къиуфэрэзыхьырт, къызэреуэным зыхуигъэхьэзыру.

— ЦIыхул зэрашхыр щызмыгъэгъупщэжмэ Тхьэр си бийкъэ! – жеIэ Абрэскили, мэракIуапцIэм хуэдэ и аркъэныр къыкIэретIэтыкI, егъэкIэрахъуэ-егъэкIэрахъуэри, едз аби, Анакъ и пщэм фIегъэлъадэ, гъуэгрэ зифыщIыжу кърелъэфэх. Зыбгъэдилъафэрэ еплъыпэмэ – кърилъэфэхар бгъэтэкъым, гъущIым къыхэщIыкIауэ шейтIан IэщIагъэт. Абрэскил кхъухьлъатэм иIэбэм, чынтхэр кърихыурэ, абхъаз зауэлIхэм къахуидзащ:

  • И аркъэнри къыпщIэхехыжри, кхъухьлъатэри къарет:

Абхъаз щIалэхэр мэгуфIэри кхъухьлъатэм йотIысхьэ, заIэтыр аби, чынтыдзэм ящхьэщохьэри тонипщI бомбэр ныхадзэ. Бомбэжьыр, щыблэ миным хуэдэу, къоуэри дивизэ псо ирех, я инэралри яхэту.

  • Ахьа, я шэр я щхьэм ихуэжа! – пащIэкIэм щIогуфIыкI Абрэскил.

МыдэкIэ нарт Сосрыкъуэм аргуэру благъуищэр къраутIыпщ. Бадий и Iэ сэмэгур еIэт. Сосрыкъуи жыр благъуэхэм я хьэлыр къищIати, джабэм кIэрохьэри къыр гуэрым къоувэ, благъуэжьхэр къыщыскIэ, абрэмывэкIэ къеуэурэ, щыхупIэм ирегъэлъэлъэх. Къэнам заублэрэкIри щIопхъуэж. Сосрыкъуэ абрэмывэкIэ якIэлъыуэм, яужь къинар иупIэщIурэ ехуж благъуэжьхэр. Чынтхэр зыхуеиххэрати, Сорыкъуэ Iуащхьэмахуэ лъапэм къыщохутэ. Iуащхьэ щыгум зым нэхърэ зыр нэхъ пIащэу лIы гупышхуэ тетти, инэрал фIыцIэр къахогуоукI:

[1] Анакъ – таурыхъхэм хэт бгъэшхуэм и цIэщ.

  • Си пыIэжьыр фпэгъэтIысащ! – жи нартыжьми.

Ерцэхъу къоплъых Бадии, тонипщI бомбэр къелъагъу. Мэгузавэри аргуэру и IитIыр къеIэт. Сосрыкъуэ къыгуроIуэж зэрышыпIэртIэхъуар, арщхьэкIэ нарт и псалъэ епцIыж хъуртэкъыми, уэхьэхьей, жеIэри мэгуо:

  • НокIуэ, Сосрыкъуэ! – жи инэрал фIыцIэм. – Укъигъэгугъэмэ, IэдакъэкIэ къеуэ!

ЛIищэ къызэдоIэр аби, бомбэжьыр къраутIыпщхьэх. Бомбэр бгы лъапэм къызэрысу, нартыр IэдакъэкIэ йоуэри, фийуэ дрехуеиж. Щыгум нэсыжа-нэмысыжауэ, щыблэшэ миным хуэдэу, къоуэр аби, тетахэри зытетахэри ирех. Iуащхьэшхуэр зэрытам деж псынэ цIыкIу къыпхыреудри къыдреутхей. Абы нарт Сосрыкъуэ и Псынэ фIащауэ нобэми къыщIож, ныжэбэми къыщIож, илъэс минитхукIи къыщIэжыну жаIэ. Хъыджэбз цIыкIу кIуэрэ, я нэкIум щакIэмэ, тхьэIухуд хъуауэ IуокIыж; щIалэ цIыкIу кIуэрэ хэфмэ, нарт хъуауэ мэкIуэж; нэгъуэщI лъэпкъ кIуэрэ зыIуигъахуэмэ, абхъазыбзэкIэ псалъэу къегъэзэж… Зыхэвмыгъэн, маржэ!

Инэрал фIыцIэжьыр щисыкIым, чынтхэм инэрал сырыхужь гуэр пашэу ягъэув. Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым иреджэри къохъурджауэ:

Пащтыхьыжьыр и тахътэм къокI, лъэгуажьэмыщхьэу щыт инэрал сырыхужьым и жьэпкъыпэр еубыдри, цыкъ-цыкъ-цыкъ жиIэу и дзэхэр хузэтрегъауэ.

— Шхэн фIэкIа уэ узыхуэIэзэ мы дунейм теткъым! – жи. – Бадий тхьэмахуэ хъуауэ емышхэрэ, емыфэрэ, мыжейуэ тетщ а Iуащхьэм: е нобэ е пщэдей щхьэукъуэнурэ Iурихынущ ар. Иджыпсту тэджи гъэзэж аби, уи нэрыплъэжьыр зыIудзи, уи нэр мыупIэрапIэу еплъ. Бадий зэрыщхьэукъуэу, вертолет гъакIуэ аби, и къунаным зэрытесу къегъэхь.

Инэрал сырыхужьыр пащтыхьым и уардэ унэжьым къыщIожыж, уд бзаджэ гуэр яIэти, ар здешэри зауэм мэкIуэж.

Удыр Iуащхьэ гуэрым тоувэри, Бадийм ебжу щIедзэ – игъэжеину.

Инэрал сырыхур удым бгъуроувэри, и нэрыплъэжьыр зыIуедзэр аби, Бадий йоплъ.

Удыр йобж, инэралри йоплъ; удыр йобж, инэралри йоплъ. АрщхьэкIэ, Бадий мыщхьэукъуэу, инэрал сырыхум пырхъын щIедзэ. Чынт сэлэтхэм пэгункIэ псы щIыIэ къахьым-къытракIэурэ къагъэушыж. Аргуэрыжьти, удыр йобж, пщIэнтIэпсыр ирикъуэкIыу; инэралри йоплъ, пщIэнтIэпсым и нэр щIисыкIыу – Бадийр яхуэгъэжейркъым. Пащтыхьыжьыр къокIуэри Акъуэ[1] къыдотIысхьэ, шхыдэрэ хъущIэу… Сытми зы зэман зэ Бадийм и щхьэ бэлацэ цIыкIур къыфIощIэри Iурех. Къунанри зэфIэту мэжей.

Инэрал сырыхур зыхуеиххэрати, и вертолет сырыхужьыр егъакIуэ:

Вертолет сырыхужьыр Бадий щхьэщоувэ, кIапситI къредзыхри, къунаным и ныбэм къыщIеу аби, къеIэт. Шу зэтесыр жейуэ кърехьэжьэ.

Къэхъуар къыщыгурыIуэм, пащтыхьыжьыр ныкъуэшхэу къыщолъэтыж аби, и пащIэкIитIым сабэлырыгъуейр къаIэту, уэрамым къыдолъадэ:

  • Уэихь! – жи. – Фи пащтыхьыжьыр къэвмыгъанэ!

АрщхьэкIэ зы инэрали зы сэлэти къыхуеплъэкIакъым: щхьэж и щхьэр зэрыхихыным и ужь итт.